BALKAR SELÇUK
Cи гугъэмк1э, нарт 1уэры1уатэм и едзыгъуэхэм къыхэщ нэрыбгэхэм щыщу нэхъ гъэщ1эгъуэныр нарт Уэрсэрыжъыращ.
Зыгуэрхэм деж нарт Сэтэнейращ нартхэм я анэри, нартхэм ящыщ нэхъ губзыгъэри. Ауэ ар пэжкъым. Уэрсэрыжъ и пащхьэ Сэтэней и гугъу пщ1ыныр емык1ущ -жызо1эр.
И чэзур къэсмэ, Сэтэней теухуауи дызэпсэлъэнщ.
Ауэ иджыпстук1э Уэрсэрыжьыращ зи гугъ тщ1ынур.
Япэрауэ, нарт Уэрсэрыжьыращ нартхэм я анэри, нартхэм ящыщ нэхъ губзыгъэри,нэхъ Iущыри.
Ет1уанэрауэ, нарт Уэрсэрыжь бын и1ащ . Абы и бынхэри сыт и лъэныкъуэк1и ц1ыхухэм ядэ1эпыкъуащ. Уэрсэрыжь и бынхэр Хьэрэмэ 1уащхьэм тетыгъуэ ягъуэту,дунейм щыщ ц1ыхухэм ядэ1эпыкъуу, сивилизасйон жыхуа1эр къазубла, абы сэбэп яхуэхъуа нартхэращ. Ахэр нарт Тхьэгъэлэдж, нарт Амыщ, нарт Мамыщ сымэхэращ.
Мыдэк1э, Сэтэней бын къилъхуакъым, къилъхуауэ жыхуа1эу щы1э бынхэми шэч телъхьэгъуейщ. Нарт Сосрыкъуэ Сэтэней и бынкъым, аращи -абы дытепсэлъыхьынукъым. Нарт Бадынокъуэ закъуэращ Сэтэней и бын закьуэри – ари нарт Джылахьстэн и шабзэшэм ил1ык1ащ. ( Языныкъуэхэми Сэтэней и шыпхъу Бырымбыху и къуэущ зэрыжа1эр Бэдынокъуэ, ауэ ар 1уэхукъым)
Ещанэрауэ, нартхэр нарт Уэрсэрыжъ яхэмыту зэхуэсхэтэкъым. Нарт Сэтэней нартхэм зэхагъэтыныр дэнэ къанэ, нарт Хасэм къыдыхьэу нартхэм ар ядэртэкъым.
Мы зэмыщхьык1эхэр дгъэк1ыхьыфынущ. Ауэ нобэ дызэтепсэлъыхынур мифологиеракъым. К1уэ, нарт Уэрсэрыжьри, нарт Сэтэнейри, нарт 1уэры1уатэм хэт ц1ыхубзхэр арауэ пэт, нарт лъэпкъым абыхэм и хущытык1эм и зэщхьэщык1ык1эми щхьэусыгъуэ гуэрхэр и1эн хуейщ.
Япэрауэ, нарт Уэрсэрыжь нартхэм и ипэрей щ1эблэм щыщщ. Ауэ нарт Сэтэней нартхэм я иужъырей щ1эблэм (Сосрыкьуэ-Бэдынокъуэ-Ашэмэз сымэхэ) щыщ гуэрхэм я янэщ.
Ет1уанэрауэ, нарт Уэрсэрыжь и бынхэращ дунейм вэн-сэн 1уэхугъуэхэр къазублар (Нарт Уэрсэрыж и кьуэ нарт Тхьэгъалэджыращ япэ хуы жылэр нартхэм езытар.) Гъубжэр зэращ1 щ1ык1эр нартхэм къезыгъэц1ыхуарик1 езы нарт Уэрсэрыжьыращ. Аращи, нартхэр вэн-сэн 1уэхум щыщ1адзэм, нарт Уэрсэрыжь жьы хьуауэ фызыжьт.
Мыдэк1э, нарт Сэтэней дунейм къыщытехьэм, нарт Уэрсэрыжь дунейм тетыжтэкъым.
Дэ мыбыхэм къыхэдгъэк1ыр мыращ. Тхыдэм зэрыхэтымк1э, дунейм тет ц1ыхухэр вэн-сэн 1уэхум щ1адзэу сивилизасйоным щыхыхьар Исэ ипэ 3200 илъэсым иужъщ.
Аращи, ди еплъык1эм1к1э, нарт Уэрсэрыжь техуэ едзыгъуэхэр Исэ ипэ 3200 илъэсым и пэхэм топсэлъыхь, ик1и а зэманым ейщ. Сэтэней техуэ едзыгъуэхэри, Исэ ипэ 3200 илъэсхэм иужьщ дунейм къыщытехьэр.
Ит1анэ езы Нарт 1уэры1уатэм зэритымк1э, нарт Уэрсэрыжьрэ нарт Сэтэнейрэ я зэхущытык1эр тепщэгъуэ лъэнык1уэк1и зэщхьэщок1. Тепщэгъуэм елъытауэ мыр жы1эпхьэщ: нарт Уэрсэрыжъ анэ тепщэгъуэр (матриаркал) дунейм щызек1уа зэманхэм яейщи, нарт Сэтэней адэ тепщэгъуэр (патриаркал) дунейм щызек1уэу щыщ1идзэ зэманхэм яейщ. Аращи, ц1ыхугъэр анэ тепщэгъуэм тек1ыу, адэ тепщэгъуэм зэрызэрихъуэк1ым и щхьэусыгъуэр вэн-сэн 1уэхъугъэм зэрыщ1идзаращи, дунейм тет лъэпкъхэр Исэ ипэ 3200 илъэсым иужъ, вэн-сэн 1уэхугъуэм щидза иужьщ, адэ тепщэгъуэм щыхуэк1уэр.
Ц1ыхухэр адэ тепщэгъуэм шыхуэк1уэм щыгъуэ, ахэм я мифхэри адэ тепщэгъуэм хуэк1уэжауэ къыщ1эк1ынщ!
Дэ нобэ, ц1ыху лъэпкъхэм щыщу япэ вэн-сэн 1уэхугъуэр къаублауэ, япэ сивилизасйоныр утыку къизылъхьа лъэпкъыр зэры-шумэрхэм дыщыгъуазэщ. Шумэр лъэпкъыращ япэ вэн-сэн 1уэхур къэзублари, абы щыгъуэ шумэрхэри анэ тепщэгъуэм тек1ыу, адэ тепщэгъуэм хуэк1уэу щыщ1адзар.
Шумэрхэм я анэ тепщэгъуэ лъэхъэнэм, тепщэгъуэр зезыхьэр Тхьэ Бзылъхугъэ Анэ Гуащэ, НИНХУРСАГ зи ц1эр арат..
Аращи, дэ адыгэхэм ди нарт 1уэры1уатэм ит Тхьэпэлъытэ Бзылъхугъэ Анэ Гуащэр нарт Уэрсэрыжьырати, Шумэрхэм ди нарт 1уэры1уатэм ит нарт Уэрсэрыжь и п1э иту Тхьэ Бзылъхугъэу Анэ Гуащэ НИНХУРСАГ и ф1эщхъуныгъэр зэрахьэрт. Модэк1э, пасэрей Мысырхэри а анэтепщэгъуэ лъэхъэнэм и Тхьэ Бзылъхугъэ Анэ Гуащэм ф1ыуэ щыгъуазэхэти, абы ц1эуэ ХАТХОР-ыр ф1ащахэт.

Адыгэ нарт 1уэры1уатэм ит едзыгъуэхэм къыхэщ анэ тепщэгъуэ (матриаркэл) лъэхъэнэм тепщэгъуэр зы1ыгъыу, и ф1эщхъуныгъэу ц1ыхубэм и гум илъыр нарт Уэрсэрыжьырат. Мыхуэдабзэу шумэрхэм я анэ тепщэгъуэм щыгъуэ Тхьэ Бзылъхугъэу Анэ Гуащэм и ц1эр НИНХУРСАГ-рат (Сэмэгум ит сурэтыр). Мыдэк1э дэ адыгэхэм нарт Уэрсэрыжък1э дызэджэ, Шумэрхэм я дей НИНХУРСАГ-ыр ц1эуэ зезыхэ Тхьэ Бзылъхугъэ Анэ Гуащэм пасэрей Мысырхэр ХАТХОР-к1э (ижьым ит сурэт) еджэхэрт.
Ди Щапхьэу Уэрсэрыжь.
Ищхьэм тетхахэр абдеж къыренэ, чэзур къыщык1уэм, нарт 1уэры1уатэм теухуауэ псалъит1- щы щыжыт11энущи, ищхьэм тет псалъэр пэублэу къыренэ.
Мыбы- Тыркум, Истанбул ис адыгэ щ1алэгъуалэхэм нарт Уэрсэрыжьыр ф1ыуэ ялъагъу къыщ1эк1ынти, езыхэм я тиятр гупым и ц1эу «Уэрсэрыжь» ф1ащахэщ.
Щ1алъэгъуалэхэм я 1уэху утыку щыралхьэм щыгъуэ, щапхьэр езыхэм я лъапсэм к1элъы1эбэу къызэращтари хьарзынэщ.
Уэрсэрыжь зы щытык1э гъэщ1эгъуэн гуэри и1ауэ къыхощ абы теухуа едзыгъуэхэм. Едзыгъуэхэм зэритымк1э, нарт Уэрсэрыжь губгъуэм и закъуэ езыр езыру псалъэу итын ф1эк1а, адрей нартхэм 1эмал и1эу яхыхьэнутэкъым. Арати, нартхэм щыщ зэгуэр Уэрсэрыжь епсалъэми, езы Уэрсэрыжь абы и упщ1эм жэуап иримытыу,езыр-езырыу псалъэу дэтт- жи 1уэры1уатэм. Ауэ Уэрсэрыжь и гум епхат щы1эныгъэри, Тхьэм и гури. Тхьэм зыгуэр нартхэм къаригъэщ1эныу хуеймэ, ар Уэрсэрыжь и гум кьищ1эрт. Щы1эныгъэм зэгуэр зэхъуэк1а хъумэ, абы Уэрсэрыжь занщ1эу гу лъитэрт. Арати , Тхьэгурымагъуэт нарт Уэрсэрыжь. Махуэ псом и гур Тхьэм и гум епхауэ щытти, къэхъу-кьащ1эхэм и кьэхъу-къащ1эк1эхэм дихьэхьауэ, и закьуэу губгъэм итт.
Сэ Уэрсэрыжь и щытык1эм изогъэщхь, мазэ 23 лъандэрэ дэтхэнэ мазэм и 21 и махуэм Истанбул дэт Урысей Консолос унэм к1уэуэ:-Уэ ди адыгэ лъэпкъым геноцид зэрепщ1ыл1ар тщыгъупщакъым, ик1и тщыгъупщэнукъым -жезы1эхэм я щытык1эр.
Мазэ 23 лъандэрэ ахэр, махуэр 21 щыхъум, Урысейм и Консолос Истанбул дэт и унэм мак1уэхэр.
Нобэ хуабэщ -жамы1эу,
Нобэ щ1ы1эщ -жамы1эу,
Нобэ дыкуэдщ- жамы1эу,
Нобэ дымащ1эщ -жамы1эу,
Ахэм я жы1эр зы закьуэщ – Нобэ мазэм и 21-р аращи, геноцидыр Урысейм игу кьэдгъэк1ыжынум и махуэщ!!!
Нэгъуэщ1хэм жа1эхэр абыхэм яф1э1уэхукъым.
Хуабэм щыгъуи, щ1ы1эм щыгъуи, ахэр Истанбул дэт Урысей Консолос унэм мак1уэхэр, “нобэ мазэм и 21 –ращи, Урысейм дэ адыгэ лъэпкъым къыдищ1ыл1а геноцидыр игу къэдгъэк1ыжынщ”- жа1эри !!!
Жылэр илъэсым зэ, 21 накъыгъэ мазэм зэхуэсымэ, мыхэр мазэ къэс а мазэм и 21 махуэм щызэхуосхэр.
Абыхэм езыхэм ц1эуэ “ЧЕРКЕС ХУИТЫНЫГЪЭХЭМ я ИНСИЯТИФ” зэф1ащахэми,
Сэ абыхэм “УЭРСЭРЫЖЬ и БЫНХЭ” яжызо1э.

Мы мазэм и 21 махуэм Истанбул дэт Консолос унэм Черкесхэр ГЕНОЦИДЫР Урысейм игу къагъэк1ыжахэщ.
Post Views: 15
