ИIэ Джылахъстэней! Зыгъэхъэй, Маржэ Хъужын!

BALKAR SELÇUK

ЕтIуанэ Дунейпсо Адыгэбзэ ЩIэнIуатэр мы мазэм Тыркум Анкъарэ къалэм щрагъэкIуэкIащ. ЩIэнIуатэм теухуа хъыбархэр интэрнэтым зы къомрэ итащ.

ЩIэнIуатэм щIэныгъэлI 50 хуэдиз хэтауэ жаIэр. Нахъыбэри хамэ къэралхэм къикIауэ.

Сыту фIы, Сыту дэгъуэ!

Ауэ щIэнIуатэр зэриухырэ зы тхьэмахуэ блэкIарэпэт, нобэм къасыху дэ мы щIэнIуатэм сытхэр унафэу къащтами дыщыгъуазэкъым.

Мыхуэдэ щIэнIуатэхэм конгрэсхэм я хабзэщи зэхуэсыр имыух щIыкIэ, зэхуэсым хэтахэр щызэхуэсыжхэщи, зы тхылъ напэкIуэцI закъуэм щIэнIуатэр щIызэхуэсын хуеям и щхьэусыгъуэхэмрэ, зэхуэсым хэтахэр шызэгурыIуэ хъуа  Iуэхугъуэхэмрэ мы Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ къащта унафэр утыкIу къыралъхьэр.

Ниги, дэ мы екIуэкIа Адыгэбзэ ЩIэнIуатэм и щхъэусыгъуэр къыдгуроIуэ. Ауэ щIэнIуатэм хэтахэм Адыгэбзэм и пащхъэ ит проблэмхэм пэлъэщын папщIэ сыт хуэдэ унафэхэр къащта, сытхуэдэ амалыгъуэхэр къагупщыса? Абы дыщыгъуазэкъым.

Замгъэгувэу мы ЩIэнIуатэм и кIэух псалъэр утыку иралъхэн хуейщ.

Псалъэм папщIэ ЩIэнIуатэр Тырку къаралым шыщекIуэкIакIэ дэ Тырку къаралым и пащхъэм сыт идгъувынур? Сыт дызхуэинухэр?

Псалъэм папщIэ Къайсэр къалэмрэ Дузжэ къалэм Адыгэбзэ къудамэ зэрыз IуахакIэщ. Дэ абы дыкъуэгуфIыкIыу дыщытыну?

МодэкIэ Самсун къалэм щыIуахыну унафэ ящIа Адыгэбзэ къудамэр нобэм къасыху шхьэ Iуамыхрэ?

Дэ псори дощIэ, Самсун къалэм дэт насйоналист фащист гупхэм абы щыIуахын хуей Адыгэбзэ къудамэр зэрыIурамгъэхыр.

ТIанэ мы ди Джылахъстэнэйм (Маращ Къалэм)зыми и гугъу зырамыщIыри дэ къыдгурыIуэркъым. Абы щыIэ IУнивэрситетым Адыгэбзэ къудамэ шхьэ Iуэмыхрэ? Ди джылахъстэнейр дунэйм темытура?

 Ахуэдиз мин бжыгъэкIэ Адыгэ абы дэсрэ пэт шхьэ замгъэхъэйрэ?

Зыгуэр къыдатмэ догуфIэри, къыдамытмэ и гугъу дымыщIу утыкIу дитщ.

 Адыгэбзэм и ГъащIэр Урысыбзэмрэ Тыркубзэм и Блыгу ЩIэту Ихьыну?

Адыгэбзэм дей, Тыркубзэри, Урысыбзэри мыдэкIэ Хьарыпыбзэри бзэ зыукI бзэхэращ. Дэ Тыркум исхэр Тыркубзэ къыхэдмыгъахьэу дымыпсэлъэфу Хэкурысхэр Урысыбзэ хамыгъахьэу мыпсэлъэфу Адыгэбзэм езым IУнивэрситэ хуит имыIэу сыт хуэдизрэ екIуэкIыну?

Аращи –Уэлэхьи Тыркур дэмокрасем хокIуэм! жыдмыIэу дэ ди политик щытыкIэр утыкIу итлъхьэн хуейщ.

Япэрауэ Тыркухэмрэ Куртхэмрэ амалыгъуэхэмрэ хуитыныгъэмрэ зэрзэдагуэщыр къыдгурыIуэн хуейщ.

 Дэ мы гуэщыкIэр зэрыдыымыдэр мы илъэсым Туркум Битлис зи цIэ Курт къалэм шедгъэкIуэкIа митингими утыкIу шитлъхьащ.

Черкес Хьакъхэм и Инсиятиф гупымрэ Ахьлат Къэфкъас Хасэр зэгъусэу шедгъэкIуэкIа митингим щыгъуэ Тхьамэдэ Кэнан Каплан ди политик еплъыкIэр утыкIу рилъхьат.

2.05.2013 Махуэм Тыркум Битлис къалэм Ахьлат кIэ зэджэ щIыпIэм шекIуэкIа Митингим дей ди Тхъамадэ Кенан Каплан къышыпсэлъащ:

-Дэ ды Черкесщ. Ды Тыркукъым ниги ды Курткъым.

-Тыркуи дыхъунукъым, ди бынхэми у Тыркущ яжетIэнукъым.

-Нобэ Тырку къаралыр дэмокрасем докIуэ жиIурэ езы Тыркухэм рэ езы Куртхэр дэтхэнэ хуитыныгъэри дэтхэнэ амалыгъуэхэри яхуегуэщ, дэ Черкесхэр мыхуэдиз милуэн бжыгъэрэ пэт дэ зэгуэр къытлъымысу, мис мыр тщэкинукъым ниги ддэнукъым…зауэм щыгъуэ дырагъусэу, щылэжэным дей дырагъусэу Iыхьэ щаугуэщым дей Черкесхэм зэгуэр къалымысу! Мыр дэ Черкес лъэпкъыу, ддэнукъым…Аращи дэ нобэ Тырку къаралыми езы Тырку лъэпкъыми езы Курт лъэпкъыми мыхэр яжыдоIар: Фэ зыри мы къаралым и хуитыныгъэ зауэм щыгъуэ дэр нарэ нахъыбэу фезэуакъым. Дэр нарэ нахъыбэу бийм пэрыуакъым. Нобэ къаралым дэмокраси къаублэнумэ Дэ Черкесхэм я хьакъхэр зы къамынэу къатщтэжынущ….АпщIэндэху утыкIу дитунурэ уэрамхэр дыIыгъынущ!….

Аращи дэ Черкес Хьакъхэм и Инсиятиф гупым Адыгэбзэм зиужыурэ мыкIуэдын папщIэ мы амалыгъуитIыр диIмыIау зэрымыхъунур ди фIэщмэхъу:

-Махуэ псом Адыгэбзэ защIэкIэ екIуэкIыну тэлэвизйон-Радйорэ,

-Тыркубзэи нэгъуэщIыбзэи хэмыту Адыгэбзэ защIэу щIэныгъэ езыт Унивэрситэ.

Мы тIур димыIэу Адыгэбзэр Тыркубзэм, Урысыбзэм е Хьарыпыбзэм иблыгу щIэт  хъумэ зэрымыхъунур нахуэщ…

Ауэ, псори къэдмыщтэфми амалыгъуэм из ныкъуэми дыпикIынукъым.

 Нобэ Къайсэр къалэмрэ Дузджэ къалэм щыIуаха Адыгэбзэ къудамэхэр ипIэ иувэнущ. Ауэ дэ Самсун къалэм и Адыгэбзэ къудамэми и яуж дитынущ.

Джылахъстэнейр щэ?

Шхьэ зыми игу къэмыкIрэ? Езы Джылахъстэнейм и Адыгэхэм шхьэ и гугъу ямыщIрэ? Дэ ди Адыгэбзэ къудамэр дэнэ щыIэ? Шхьэ жамыIарэ?

Джылахъстэнейм и Адыгэхэр утыкIу къиIхьэу къыдэфт ди Адыгэбзэ къудамэр шхьэ жамыIэрэ?

ИIэ Джылахъстэней!

Зыгъэхъэй

Маржэ хъужын!

Къылыщбий и Къуэ Уэзырмэс и хьатыркIэ зыгъэхъэй…

Маращ Къалэм и дзэпщ Аслан Бей и хьатыркIэ зыкъэфIэт…..

***

Дыгъуасэ Битлис-Ахлат и уэрамхэм дыщызэхуэсам хъуэду пщэдэи Митингхэр едгъакIуэкIинущ…. ТРТ Адыгэбзэ каналымрэ Самсунрэ Джилахстэней калэхэм Iудгъахин хьуей Адыгэбзэ кудамэхэм папIщIэ мы сайтым Iэ тейвдзэ….!!!

http://www.change.org/tr/kampanyalar/recep-tayyip-erdo%C4%9Fan-trt-7-%C3%A7erkes%C3%A7e-kanali-a%C3%A7ilsin

 http://www.change.org/tr/kampanyalar/y%C3%BCksek-%C3%B6%C4%9Fretim-kurulu-samsun-ve-kahraman-mara%C5%9F-illerinde-bulunan-devlet-%C3%BCniversitelerinde-%C3%A7erkes-dili-ve-edebiyat%C4%B1-b%C3%B6l%C3%BCmleri-a%C3%A7%C4%B1lmal%C4%B1d%C4%B1r

Post Views: 27

Bir yanıt yazın

E-posta adresiniz yayınlanmayacak. Gerekli alanlar * ile işaretlenmişlerdir