BALKAR SELÇUK
Сэ, зи си гугъэнтэкъым, зы махуэ гуэр, Адыгэбзэу сытхэн зэрыхуэйынур. Ауэ, мис ниги Iэмал симыIэу, сотх. Сытхынухэр сымытхасэрэт, е нэгъуэщI гуэрым итхыу, сэ седжасэрэт. Ауэ, мэл хъубжьапхъэхэр кIуэдыпащи, дэри бжэн кьуийхэм хуэду, утыкIу дыкъинащ. Аращи, ди гум илъ гуэрхэр, зэзэмызэ мы сайтым и амалыгъуэкIэ, фи пащхъэм итлъхьанущ…
Псом япэр хъуэхъущи, хъуэхъуу щыIэм я нэхъ дахэр, Тхъэм къыфигъэхъулIэну сынывохъуэхъу… Илъэс зыбгъупщI лъандэрэ, мы фи пащхьэ ит Özgür Çerkes зи цIэ сайтым сотх. Мы сайтыр «Черкес Хьакхэм и Инсиятиф » зи цIэ гупым ейщ…
Ди пащхьэм Iуэхугъуэщхуэ куэд итщ.Адыгэхэм ди къакIуэнумрэ, ди блэкIахэм теухуауэ, ди гум илъ зы къом щыIащ. Сытыми уи гум илъ дэтхэнэ гуэрыр, уи жьэм къыждэкI хъуркъым. Апхуэдэрэпэт, мы дыздытет лъэхъанэхэм дей, нахьыбэIуэу хабзэр убзэ щохь. Хабзхэр убзэ зыщыхъум дейжи, ди жьэм кьыждэкIын хуэмей гуэрхэри, кьыждэкIин хуей мэхъу. Аращи, зэгуэрхэм я жьагъуэ хьунущ жытIэу ди псалъэр дымыбзыщIу, ауэ ди пIэми димикIыу, Адыгэ лъэпкъым и пащхъэ ит Iуэхугъуэщхуэхэм, дытепсэлъыхынущ.
Дэ мыбы зетхьэр дищхъэ Iуэхукъым. АтIэ, дызщыщ лъэпкъым и пащхъэ ит Iуэхугъуэхэращ. Дэтхэнэ Адыгэм хуэду, дэри ды Адыгэщи, ди лъэпкъым и пащхьэ ит Iуэхугъуэщхуэхэм ятеухуауэ, гузэвэгъуэ гуэрхэр худиIэщ.
Мы дызтехьэ гъуэгуми, ди гъуазэ гуэрхэри диIэщ. Псалъэм папщIэ, Хьажрэт Къэбэрдейхэр ди щапхъэщ, ниги ди гъуазэхэщ. Ахэрат лъэпкъым Iашэ гъэтIылъ щищIым шыгъуэ, я Iашэхэр ямгъэтIылъу, зауэм икIэ нэсыхункIэ хэтахэр. Пэжщ, нобэ ашэ къатщтэу, ди бийхэм дезауэкъым ауэ, мы дунейм Адыгэу укъызтенэну ухуеймэ, сыт щыгъуи, дэни, зауэм ухэтщ. Дэ ды Адыгэщи, Адыгэу дыкъызтенэну духуейщ щыжыпIэм дей, у хэхэсми, у хэкурысми, убэлэрыгъ хъунукъым.
Хьажрэт Кьэбэрдэйхэм и гъыбзэм итщ: «Фи лIы гъэщхахэр Iуэщхъэ кьуагъ фыкьыздыкьоплъ фIэкIа факъахэхъау зы фокI вгъэуакьым.»жиIэу. Ахуэдэхэр ноби ди куэдщ. Ауэ нигирейхэр, Iуэщхъэ къуагъхэм къуэтхэкъым. Нигирейхэр, Хасэ къуагъхэм якъуэтхэщ…
Псалъэр дыгъакIихынкьым…
СЫТ КЬАХЪУР?
Мы блэкIа мазэхэм, www.hekupsa.com зи цIэ сайтым иту, зы тхъылъ кьытIарыхъащ. Тхылъыр зытхар, Адэм Богус зи цIэ гуэрт. Деплъмэ тхылъыр зытеухуар, Сирием и Адыгэхэрат. Тхылъым итымкIэ, Хэкум щыщ зэ гуэрхэр, Тыркум, Истанбул къалэм, Сирием и Адыгэхэм и къакIуэнумрэ, и нобэм теухуауэ, зы конфэранс гуэр зэрыгъакIуэкIин зэрыхуейм, и гъугъ ящIхэрт. Тхылъым зэритхымкIэ, Тыркум ит Адыгэ Хасэхэм я къалэну, зы конфэранс ирагъэкIуэкIынурэ, дуней псом щыIэ Адыгэхэр ирагъэблэгъэнурэ, бысым яхуэхъун хуейт.
Пэжыр жытIэнщи, мы тхылъыр дэ ди куэдым, дыфIэгъащIэгъуэн къытщыхъуащ, ниги дигу ирихьащ. Дауми дэри, Сирие къаралым лъэпкъ револоцер къызрежэ лъандэрэ, Адыгэхэм папщIэ дыгузавэрт. Гузэвэгъуэм дыкъышымынэу, ди Черкес Хьакъхэм И Инсиятиф Гупымрэ, Дуней Псо Черкесхэм ЗэдэIапыкъун Комитэмрэ, дызэгъусэу Сирие Адыгэхэм щыщ зы къомым шхьа дыздэIапыкъуат. Ди Тхьэмадэхэм, зэм унэ къаубыдат, зэм хъапщып къащэхуат, зэм Лубнан-Бейрут лъатэхэрти, Адыгэхэр къращыт, зэм контейныр кенткIэ зэджэ хьаблэр ягъахьазырхэрти, къыраща Адыгэхэр ягъэтысхэрт. Арати, сыт и лъэныкъуэкIэ Истанбул къалэм шекIуэкIу, дуней псом ит Адыгэ хасэхэр зэхэтыну, мы кьонфэрансыр дэркIэ игъуэт. Черкес Хьакъхэм И Инсиятиф Гупыми, Дуней Псо Черкесхэм ЗэдэIапыкъун Комитэми, ЧЕРКЕС-ФЕД зи цIэ ди фэдэрасйоным и тхьамадэхэми, замгъэгувэу унафэ къащтахэщ, мы Сирие ис Адыгэхэм ятеухуауэ конфэрансыр зэригъэкIуэкIыну щыкIэм. Мы хасэхэм я тхьамадэхэм, замгъэгувэу унафэ къащтащ:
– ИрагъэкIуэкIын хуей конфэрансым ди Гупыри, адрей Хасэхэри я лъэкI кьамгъанэу дэIапыкъун хуейуэ.
-ЕтIуанэуи, КАФ-ФЭД зи цIэ фэдэрасйоным, тэлэфонкIэи тхылъкIэи лъэIэсу, мы конфэрансыр зэгъусэу зэррагъэкIуэкIуынум и амалхэр къалъыхъуэну.
КАФ-ФЭД ди тхылъым къыщыпэмгъуэкIим дей, тэлэфонкIэи, дызлъэIасри дэзэпсэлъащ. Ауэ къыдэхъулIакъым. КАФ-ФЭД конфэрансым зэрыхэтынур идакьым. Куэд дэмыкIыу, хэкуми аргуэру зы тхылъ къытIэрыхьащ. Мы зэм тхылъыр зытхар, Сохьт Аскер зи цIэ гуэрт. ЗэрыжиIамкIэ, Сирие Адыгэхэм теухуауэ иригъакIуэкIин хуей конфэрансыр, Истанбул шырагъэкIуэкIину амал зэрыщымыIэм, и гугъу ищIырт. Къэхъуар дэ къыдгурыуIэкьым! Зы мазэ ипэ, Истанбул зы конфэранс шедгъэкIуэкIтэм фы хъунт жызыIахэр, мазэр дэмикIыу зыхушIэгъуэжыр къыдгурыIуэртэкъым!
Мы къэхъуахэм дэ хэтлъагъуэр мыращ: Хэкум щыщ зэгуэрхэр, Сирие щыщ Адыгэхэм ятеухуауэ, Истанбул зы конфэранс шырагъэкIуэкIынум яуж итщ. Ахуэдабзэуи, Хэкурыс гуэрхэри, мы конфэрансыр ирамгъэкIуэкIынум яуж итхэщ. Тыркум щыIэ КАФ-ФЭД ри, мы конфэрансыр зэриримгъэкIуэкIинум яуж итхэм ящышщ.
Мы Тхъамахуэми, Дуней Псо Адыгэ Хасэ зи цIэу, зы хасэм и унафэр тлъэгъуащ. Ахэри, Истанбул къалэм Сирие Адыгэхэм ятеухуауэ зы конфэранс, е зы зэхуэс иригъакIуэкIыныр, зымыдэхэм ящыщхэщ.
Тхъэм и щыкурщи, дэ КАФ-ФЭД нэпэмыщI фэдэрасйони, Дуней Псо Адыгэ Хасэм нэпэмыщI хаси, диIащ. Аращи, дэ ЧЕРКЕС ХЬАКХЭМ И ИНСИЯТИФ гупым и цIэкIэ Мыхэр жыдоIар:
–Дэ ЧЕРКЕС ХЬАКХЭМ И ИНСИЯТИФ гупу, Сирие къаралым шекIуэкI, Лъэпк Рэволоцэм иуж, езы Сирие къаралым изэранкIэ, Сирие къаралыр ибгынэн хьуа, Адыгэхэм сыт и лъэныкъуэкIи дыздэIапыкъунущ. Мыбы тету, Истанбул къалэм, къакIуэну мазэхэм зы КОНФЭРАНС едгъэкIуэкIынущ. Мы едгъэкIуэкIыну щыт конфэрансым, ЧЕРКЕС-ФЭД зи цIэ Адыгэ фэдэрасйоныри, ДУНЕЙ ПСО ЧЕРКЕСХЭМ ЗЭДЭIАПЫКЪУН КОМИТЭ ри, яхэтыну я унафэхэр къащтахэщ.
ЕдгъэкIуэкIыну щыт Конфэрансым, къыщытщтэ УЫНАФЭхэри, япэрауэ:
-Урысэй Фэдэрасйоным и Тхъамадэ, Владимир Путин.
-Урысей Фэдэрасйоным и Хамэ Iуэхухэм и Тхъамадэу щыт, Сэргей Лавров и пащхъэ итлъхьанущ.
Етуанэу, Конфэрансым, утыку илъ унафэхэр, Тыркум и Тхъамадэхэм я пащхи, дгъувынущ. Ахэри мыхэращ:
-Тырку Къаралым и Тхъамадэу, Абуллахь Гул.
-Тырку Къаралым и Бащбакъану щыт, Р. Тайип Ердогъан.
-Тырку Къаралым и Хамэ Iуэхухэм и Тхъамадэу щыт, Ахмэт ДавутIогълу.
Аращи, КАФФЭД ри, Дуней Псо Адыгэ Хасэ ри, хуэйхэмэ мы конфэрансым хэтынхэщ. Хуэмейхэми езыхэм я уынафэщ. Хасэ къуагъхэм, я тIысыпIэ тынчхэм, къотынхэщ.
Дэ КАФ-ФЭД и щытыкIэри, Iуэху щIыкIэри, и кIэн джэгукIэри, фIыуэ дощIэ, доцIыху. Абы адкIэ дызэпсэлъэни, дызэныкъуэкъуни, щыIэкъым. Мы зэмкIэ Дуней Псо Адыгэ Хасэм и Iуэху щIыкIэри, и кIэн джэгукIэри, зэдгъащIэ хъунущ.
Post Views: 14
