• https://www.facebook.com/%C3%87erkes-Haklari-Inisiyatifi-1720870914808523/
  • https://twitter.com/CerkesHaklari
Ziyaret Bilgileri
Aktif Ziyaretçi15
Bugün Toplam348
Toplam Ziyaret1062339
Döviz Bilgileri
AlışSatış
Dolar34.440034.5781
Euro35.959736.1038
Semerkew
Balkar Selçuk
selcuk@ozgurcerkes.com
'Дэ псори дыкъызэрыувык1ар Гоголь и 'К1агуэращ!' '
07/08/2014

Достоевский и псалъэщ мыр. Зэрыжа1эмк1э, Гоголь Урысей импэрием Украинэ лэпкьымрэ, езы Урысейм и ц1ыху ц1ык1ум иригъэшэча хьэзабымрэ ирищ1ыл1ауэ щыта факъырагъэмрэ тхьамыщк1эгъэмрэ,   утыку къырилъхьа  романхэмк1э илъ ищ1эжауэ жып11э хъунущ.

            Гоголь, Урысейм и литэратурэр пхьанк1ийм хуэдэу мащэкуум иридзати, абы  лъандэрэ, езы урысхэр мы мащэкум къимык1ыжыфхэу,  яутэу итщ- жа1эр.

            Гоголь езым и лъэпкъэгъухэм ялъ ищ1эжащ, литэратурэр кьигъэсэбэпурэ. Япэрауэ, 1836 гъэм, тхылъу кьыдигъэк1ари, ит1анэ театр джэгуу утыку иригъэува "Ревизор"(Муфэттищ) зи ц1э джэгум Урысей импэрием и бюрократиемрэ и номенклатурэмрэ ахуэдизк1э лъэщу ауан ищ1ыу щ1энэк1ати, абы иужъ езы Гоголь Урысейм ирамыгъэсыу, Швейцария-м (Исвичрэ)к1уэн хуей  хъуат.

            Гоголь 1842 илъэсым итха "МертвыеДуши" (Ölü Canlar) зи ц1э романым Урысей импэриер нэхьри нэхъ лъэщу критик ищ1у, ц1ыху ц1ык1ум и тхьэмыщк1агъэмрэ и факъырагъэмрэ, и ныбэ мэжэщ1ал1эр зейк1 зэримыгъэнщ1ыр, модэк1э кьэралзехьэхэм я беягъымрэ, ахэм я псэук1эм и исрафымрэ, утыку щырилъхьат.

            Зы лъэхъэнэм, кьэралым и аппаратчикхэм, кьэралзехьэхэм и пропагандистхэм, уеблэмэ-Урысей импэрием и номэнклатурэ псоми-Гоголь, ахуэдизк1э ягъэхьеуаныу, 1умпэм ящ1ахэти - Гоголь мыхуэдиз псалъэ мыхъу-мыщ1эр хуэмышэчыу сымаджэ хъуат.

 

Гоголь  и "К1агуэр"

“Дэ псори дыкъызэрыувык1ар Гоголь и "К1агуэр"-ащ!- жызы1ауэ щытар Достоевскэщ.  Пэжыр жыт11энщи, Гоголь  утыку ирилъхьа пэжыгъэм, абы утыку ирилъхьа, Урысей империем и социал псэук1эм и клас зэмыщхьык1эхэр, ц1ыху ц1ык1ум и тхьамыщк1эгъэмрэ ,кьэралзэхьэхэм я псэук1э, щытык1эр лъэщу утыку зэрырилъхьам, езы Достоевскэри ф1эмык1ыфу,  ахуэдэ жи1эгъат. Жып11энумэ,  езы Достоевский нэсыри кьэсыжауэ Славистт, ик1и  урыс литэратурэм  и денационализмэм и лъабжъэр зыгъэт1ылъахэм  щыщщ. .Ауэ Гоголь и гъащ1эр утыку ирилъхьарэ пэт, Урысей псом и нат1эм гъущ1ым хуэдэу хиук1ауэ щытат, езыхэм я псэук1эм и тхьэмыщк1агъэр. Факьырэхэмрэ, кьуажэдэсхэм я псэук1эмрэ ц1ыхум ягу щ1эгъэгъугъуейт, аристократхэмрэ, езы Урысейм и бюрократхэмрэ  щык1ауэ, удэфауэ, адрейхэр зык1и  къаф1эмы1уэхухэу псэухэт. Мис мыр Гоголь нэхъыбэуэ утыкум ирилъхьат.

Гоголь иужъ, Достоевскэри хэту зы урыс тхак1уэ  мыбыхэм блэк1ыфакьым.  Гоголь и "Ревизор" зи ц1э театр джэгум, Урысейм и бюрократиер ауан зэрищ1ым хуэдэу, "Мертвые души" зи ц1э тхылъыми Урысей псом и псэук1эм ит пц1ыхэр, зы кьэмынэу, утыку ирилъхьэт.

Ауэ Достоевский, езым и политик щытык1эр сыту щытми, Гоголь и тхьэк1эм димыхьэхыну 1эмал и1этэкьым.

Псом хуэмыдэу, Гоголь Урысей импэрием и аристократхэмрэ, бюрократиемрэ,  кьэралзехьэхэм я псэук1эр,  а псэук1эм хэт мыхъумыщ1агъэхэр утыку зэрырилъхьам хуэмыдэу, аристократиеми хэмыту, кьэрал бюрократиеми хэмыту, ц1ыху ц1ык1ухэм, ахэм я псэук1эм, ахэм я тхьэмыщк1агъэмрэ, ахэм я гум илъ ф1ыгъэмрэ, ахэм  я  гукьыдэжхэм и гугъ ищ1ауэ зы тхылъ гуэри итхауэ щытащ.  Ар къэзыгъэлъагъуэр Гоголь и роман   "К1агуэ"-ращ.

Аращ Достоевский-"Дэ псори дыкъызэрыувык1ар Гоголь и "К1агуэращ!”- щ1ыжи1ар. Пэж дыдэу, езы Достоевскэри политик гупсысэк1эк1э Слависту, националисту щытми, езыр и унагъуэк1э къулейсызт.  Достоевский и адэр зэпымыууэ фадэ ефэу дэтти , и анэри фыз сымаджэ гуэрт. Езы Гоголи "К1агуэ" зи ц1э романым Достоевский  и анэ-адэхэм хуэдэ ц1ыху ц1ык1ухэм щытепсэлъыхьт...

Сытми, дэ мыбы Урысейм и литэратурантхэм я гугъу тщ1ынуракъым, мы псалъэмакьыр кьыщ1едгъэжъар., ат1э упщ1э зы-т1ущ утыку итлъхьэну аращ.

 

 

Дэ -Адыгэхэм- сыт щыгъуэ зы Гоголь ди1эну?

Гоголь езыр лъэпк1э украинт, ик1и  кьэзакът. И анэр кьэзакъым щыщти,  и адэр украинт. Лъэпкъ классым и тхьэмыщк1эхэм щыщт. Псэун щхьэк1э, хьэлъэ  куэд  илэжъын хуей хъут. Езым и лъэпкьымрэ, езым хуэдэ факьырэхэмрэ я псэук1э тхьэмыщк1эр и нэк1э илэгъуащ. Адрей лъэныкъуэк1э, кьэралзехьэхэм я псэук1э-щы1эк1эри ф1ыуэ иц1ыхути, ар яхуигъэгъуакьым. Зэрыщытым хуэдэу и романхэм хилъхьащ.

            К1эщ1ыу жыт11эмэ, Гоголь и тхэк1эм и дэхагъэратэкьым жылэр абы зэрыдихьэхыр, уеблэмэ-ар зы лант1агъ  гуэру тэкьым утыку зэрырилъхьар. Абы жылэр дезыгъэхьэхари, къэралзехьэхэр абы зэрыхуэгубжъыри, Гоголь итхахэм псори пэжымрэ, щыпкьэмрэ зэрытетырат.  Абы и романым итт: тхьэмыщк1эм и тхьэмыщк1агъэмрэ, хъийм ик1ахэм я щытык1эхэм и щ1ык1эншагъэмрэ. Ар Урысей псом и пащхьэм пэжыу ирилъхат. Уеблэмэ, зы  гъуджэ зэдытыригъэувауэ щытат.

            Гоголь езыр зыщыпсэуауэ щыта зэманым и гугъуехьымрэ и щытык1эмрэ зыри имыбзыщ1ыу утыку ирилъхьэри, и хэкури ибгынэн хуей щ1эхьуари аращ.

Мыдэк1э-дэ адыгэ лъэпкъым ди щхьэ кьырик1уа  залымыгъэр, дэ ди щхьэ кьырик1уа мыхъумыщ1агъэр, дэ ди щьэ кьырик1уа геноцидыр, дэ ди щхьэ кьырик1уа Истамбылак1уэр, мы 1уэхугъуэхэм я пэжыгъэрэ я щыпкьагъэрэ  хэт  сыт щыгъуэ утыку ирилъхэну?

 Хэт? Сыт щыгъуэ адыгэ лъэпкъым ищхьэ къырик1уа геноцидымрэ, Истамбылак1уэмрэ и роман ятхыу,   Урысейми, дуней псоми я пащхьэм ирагъэувэну?

Дэ, дахуэдизырэ дыпэплъэну ди лъэпкъым и тхыдэм ит пэжхэр утыку кьихьэным? Зыми щымышынэу утыку изылъхьэну Гоголхэр ди лъэпкъым сыт щыгъуэ кьыщыхэк1ынур?

Дэ ди гъащ1эр жылэм и тхак1уэхэмрэ, жылэм и усак1уэхэмрэ дехъуапсэу тхьыну?

Псалъэм п1апщ1э, дэ ди гъащ1эр, Пушкин адыгэхэм щытхъууэ  усэ т1эк1у итхамрэ, Гоголь езым и щхьэмрэ, и лъэпкъымрэ  илъ зэрищ1эжа романхэмрэ и жъауэм  дыщ1этурэ дек1уэк1ыну?

Дэ щхьэ кьытхэмык1ырэ геноцидым тепсэлъыхь зы тхак1уэ, ди гъащ1эр Совет лъэхъэнэм кьытхуагупсысыурэ тхуатха  пц1ы зэпэзэщхэм деджэу зетхьэну?

Мыдэ зэ девгъэгупсыс - Совет зэманым илъэс 80 хуэдизк1э геноцидыр ягъэпщк1уу, Истамбылак1уэр ягъэпуду, уэркъымрэ пщымрэ хьеуаныу, ди ефэндыхэм ящ1энак1эурэ зырахьахэщ.  Моууэ зэ девгъэплъыт, Совет зэманым ди романхэм и лъабжэ щ1эта  гупсысэм: уэркъхэмрэ пщыхэмрэ, псоми  хьэнтхьупс шынакъ я бэкъу дэк1ауэ псэуахэу, я гъащ1эр ц1ыху цык1умрэ, лъэпкъымрэ хьэзабрэ бэлыхьрэ тралъхьэу зырахьауэ итхэщ. Ефэндыхэр псори щыгъын ф1ыц1эк1э хуэпарэ, жъак1э ф1ей ятету,  “тобэ, тобэ астагъфирулах, кафир фыхьунущ!” жа1эу, “мыр абы адэк1э кафир щ1ыналъэщ, Мухьаммэт бегъымбарым и хэкум фык1уэ, Кавказым фик1- жа1эурэ, жылэр кьагъапц1эу, Османлы щ1ыналъэм ягъэ1эпхьуэным ф1эк1а 1уэху зырамыхьэу утыку итахэу.  Модэк1э, урыс тетыр щ1ып1э жыжъэм к1ик1ыу, дэ адыгэхэм цивилизасйон гъэщ1эгъуэн кьытхуихьауэ, езыр псалъэ 1эф1ымрэ  гупсысэ дахэмрэ хэту. Мыдэк1э дауэрэ кьэхъуми, пщыжъ-уэркьыжъхэр  щымысыфу, цивилизасйонрэ щ1эныгъэ куэдрэ кьытхуихьын ф1эк1а лажъэ зимы1а урысхэм зэдезэуауэ итщ.

Мащ1э-фащ1экъым,  илъэс 80 хуэдизк1ээ, мыбы нэпэмыщ1 лъабжъэ зимы1э гупсысэхэм и щ1ы1ум  зэгуэрхэр тратхъуэри- мис, адыгэ романрэ, адыгэ литэратурэрэ фи пащхьэ итщ-кьыджа1ахэщ. Адыгэр хэкум ик1амэ,  лажъэр уэркьымрэ пщымрэ ейщ, нэгъуэщ1и фыхуеймэ, ефэндыхэри ягъусэщ - кьыджа1ахэщ. Ауэ, зыри кьыхэк1ыу- хьэуэ, си кьуэшхэ, мыр пэжкъым, псори зи лажъэр  Урысей импэрияращ- жи1акъым, -дэ ди щхьэ  кьырик1уар геноцидщ, ар кьыдэзыщ1ари Урысейращ -жи1акъым.

Илъэс 80 хуэдизк1э пц1ы яупсри, ит1анэ, "гласность-переэстройкам" иужъ ц1уут1 жа1эри кьэувы1ахэщ.

Ауэ!

Фэратэкъэ илъэс 80 лъандэрэ адыгэм и уэркьымрэ и пщымрэ и ефэндыхэмрэ ехъуэныу дэтахэр?

 Фэратэкьэ?  Лажъэрэ делагъэрэ адыгэм тезылъхьэу, Урысей импэрием и 1эм дэбзаехэр? Геноцидыр утыку ивмылъхьэу, Истамбылак1уэм и лажъэр езы  лъэпкъым и дамэм тефлъхьэу ,Урысым и цивилизасйоным щытхъухэр?

Дэ зэрытлъагъумк1э,  Дагъыстан закьуэм зыл1, зы тхьак1уэ закьуэ- Рэсул Хамзат кьэтэджри: "Абы щыгъуэ Совет зэманти, дэ пэжыр ттхакьым, пц1ы дупсащи, сэ си щхьэк1э си лэпкъым солъэ1у кьысхуэвгъэгъунхэу!"- жи1эфащ.  Ауэ дэ ди адыгэ тхак1уэхэм щыщ зыри кьэтэджыу мыхуэдэ зы псалъэ закьуи кьыджи1акъым.

Ар кьыджа1эн дэнэ кьэна- иджы  жъы хъуахэу, а тхак1уэхэр гъэ къэс дэ Тыркум къыдогъэблагъэри дащотхъу. Езыхэри, Совет къэралыр зэтекьута иужъ я тхэныр ягъэт1ылъыжахэщи, ипэм ятха хъуа мыхъумыщ1эхэр,  "адыгэ литэратурэм и литэратурант тхьэмадэм и тхылъщ"- жа1эу, тыркубзэк1э зырадзэк1ыным яужъ  дитхэщ.

Щынкубэ Багрэт сымэ я пц1ыхэр  Гоголь  и "К1агуэм"  пэувыфын ?

Пэувыфыну  къыщ1эк1ынукъым!

Зэ иджы, дэ пщыгъэр кьэт11этыныракъым, е уэркьизм зетхьэуи аракьым. Лъхукъуэл1ыр тлъагъу мыхъууи аракъым.

Дэ зетхьэр мыращ:  Адыгэм и щхьэ сыт кьырик1уар?

Гэноцидщ.

Абы иужъ сыт кьэхъуар?

Истамбылак1уэ.

Хэт т1э мыбы лажъэ зи1эр?

Езы адыгэхэм щыщ гуэрхэм, езыхэм геноцид зыращ1ыл1эу, ит1анэ я Хэку ябгынауэ ара?

Хьэуэ !!.

Урысей импэриер 1эщэк1э, дзэшхуэк1э адыгэм кьатеуэри, зэтраук1а иужъ,  кьэнахэм щыщ нэхъыбэри  Хэкум ирихужащ.

Ауэ, Совет къэралым щыгъуэ,  Кавказым и тхак1уэхэр,  модэк1э Дагъыстаным щыщ1идзэу,  мыдэк1э Тэмэн нэсыхунк1э,   тхак1уэхэр псори,  я гъащ1эр  я лъэпкъымрэ,  я хэкумрэ, Урысым щахъумэн папщ1э, я псэр зыта л1ыхъужъхэм пц1ы тралъхьэу,  ахэр ягъэпудыурэ къызек1уахэщ.  Щихъ Щамил деж щыщ1идзэу,  Къэбэрдейм и уэркъхэмрэ и пщыхэмрэ,  модэк1э пыхъхэм я  тхьэмэда,    Бэрзэдж унагъуэр ягъэпуду дэтахэщ.

Хэт 1эщэ кьищтами, хэт и Хэкурэ и щ1ыналъэрэ ихьумэжами,  ар ягъэпудыным иужъ итахэщ. Щинкубэ Баграт зи ц1э тхак1уэм итхауэ щыта ЖЫЛАК1Э (Son Ubıh) зи ц1э романым зэ девгъэплъ.

Коммунист еплъык1эм ит стереотипхэр псори мы романым итщ. Пыхъхэм(убыххэм) я пашэ  унагъуэу щыт Бэрзэджхэр Хэку гупсысэ ямы1ауэ, я лъэпкъым и ф1ыгъэм емыгупсысхэу, я гъащ1эр Османлы Импэрием и унэ1уту зарахьауэ, ефэндыхэм псоми лъэпкьыр хэкум ирагъэк1ыу, Османлы щ1ыналъэм ягъэк1уэн ф1эк1а 1уэху ямы1ауэ, романым ит урыс тетхэр хуэмейуэ, пыхъхэм (убыххэм) езэуэн хуей хъуауэ, , 1эмал зэри1эк1э пыхъхэм дэ1эпыкъуным иужъ итауэ  етх  Щинкубэ.

Ди жагъуэ зэрыхъущи,  Щинкубэ Багрэт и закьуэкьым. Нобэ тыркубзэк1э зырадзэк1ауэ,  "Бзиикьуэ Зауэ"-ти,  "Мывэ щхэл"-ти, сыт хуэдэ романыр кьапщтэмэ -и лъабжъэм мы совет гупсысэр щ1этщ.

Дагъыстанхэм я насыпти, Рэсул Хамзат сымэ хуэдэхэр  кьэтэджыри жа1эфащ: -Дэ совет лъэхъэнэм  щыгъуэ ттхахэр пц1ыщ,  1эмал димы1эу ттхащ. Ди тхыдэр дгъэпуду, езы Урыс импэриализмэм дыщытхьуащ. Ауэ, ди адыгэ тхыдэтххэр,  литэратурантхэр,  ноби ди пащхьэ итхэщ, зэгуэрик1 къэмыхъуа хуэдэу,  езыхэм зеик1  пц1ы  ямыупса  хуэдэу.  Совет къэралыр зэрыкъутэрэ  илъэс 24 хьуа  лъандэрэ,  мыхэм щыщ зы ц1ыху закьуэ къэтэджыу –Дэ дыщыуащ, 1эмал димы1эу ди тхыдэр дгъэпудащ, пэжыр аракьым, ди лъэпкъым ищхьэ кьырик1уар ГЕНОЦИД-щ - жа1акьым,  жа1ыфахэкьым.

Дэ, хэхэс адыгэхэм и ц1эк1и, пыхъхэм  и ц1эк1и,  езы Бэрзэдж унагъуэхэм иц1эк1и, зауэм хэта дэтхэнэ уэркъ, пщы унагъуэхэм яц1эк1и, мы кьыдэфщ1ыл1ари, мы кьэфтххэри фхуэдгъэгъукьым.

Щинкубэ Багрэт сымэ я гъащ1эр пц1ы яупсу зырахьахэщи,  зы закьуэ ди пащхьэ кьихьэу:-Уа жылэ,  кьытхуэвгъэгъу дыхуэмейуэ  дагъэтхащ. Абы адэк1э пэжыр утыку итлъхэнущ- жамы1эу л1эжахэщ. Ари яхуэдгъэгъукьым.

Мыдэк1э, псоууэ кьэна  адрей литэратурантхэри,  я гъащ1эр "Мывэ щхьэл"-ым тесу зырахьэхэми,  1эмал  я1экъэ , пэжыр утыку иралъхьэн папщ1э? Ар  мыхъумэ,  фэ  фытхьэгъэпц1хэу аращи,  кьыфхуэдгъэгъукьым!

Пэжыр зэратх щ1ык1эр флъэгъуну фыхуеймэ, фи щхьэр кьэф1эти,  Гоголь и гъащ1эр щапхъэу кьафщтэ. Ауэ фэ фтхэ пц1ыхэр Гоголь и "К1агуэ"-ми изагъэркъым.



3565 kez okundu. Yazarlar

Yorumlar

Henüz yorum yapılmamış. İlk yorumu yapmak için tıklayın

Yazarın diğer yazıları

Нарт Лъэпщ и Нэгъуджэр Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - II - 17/12/2016
уэ 1уэхур нахри гъэщ1эгъуэн зыщ1ыр Азтэкхэми Маяхэми ямейуэ, гъэ мин аджэ ипэ ящ1ауэ, ауэ зыщ1ари дымыщ1э мывэ гуэрхэм ящ1ы1уми Кецалкоатл и сурэтыр къагъуэтахэщ, ахэми нэгъуджэ 1улъу ик1ий жьак1э тету. Нэгъуджэр уеблэмэ оптикым и щ1эныгъэр пасэ лъэх
Нарт Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - I - 01/12/2016
Гъэщ1эгъуэнращи нобэ къасыху Кассит-Урарту-Хьаттихэм я Тещупк1э зэджэ тхьэпэлъытэр ди Нарт Сосрыкъуэу щытам зыми гу лъитакъым. Касситхэм Тещуп псалъэм крагъэк1ир Жьыбгъэ Кьезгъэпщэ жи1у аращ.
УСЭНШЭУ ДЫКЪАНЭМЭ! - 09/10/2016
Ди хэку дахэр, си уорейда ПщIэ имыIэу дгъэкIуэдай, ДызгъэкIуэдам, си уорейда КIуэдыкIейри къыхукIуэ.
Bugün Ben Mutlu Bir İnsanım! - 02/06/2015
Keşke Çerkes halkının yoğun olarak yaşadığı diğer illerden de adaylarımız olabilseydi. Ama o da olacak yakında. Buna eminim. Bu adı geçen illerde adaylarımızın Çerkes halkı tarafından benimsendiğini görmek beni herşeyden çok mutlu ediyor.
Heredot Cevdet, Recep Tayip Erdoğan ve Ahmet Duvutoğlu! - 22/05/2015
Cumhurbaşkanımız Putin'in Ermeni Soykırımını resmen tanıyor olmasına, “Putin'e darıldım!” diyerek karşılık vermişti. Demek ki cidden çok darılmış olacak ki daha kendisine gelememiş.
Gerekeni Gerektiği Zaman Yapmak; Ya da Labedeslerin Kaderi! - 12/05/2015
2015 Genel seçimlerine 25 gün falan kaldı. Bahaneler ve gerçekler arasındaki birçok Çerkes bu seçimde ÇDP’nin bağımsız Çerkes adaylarını mı destekleyecek; yoksa en rasyonal bahanenin arkasına mı saklanacak.
Uzunyayla'nın Son Klasik Kuşağı Hareketleniyor - 01/05/2015
Kendi kişisel kurtuluşunu elde etmekle yetinmeyen, halkına geri dönen bir kuşak bu kuşak. Köy köy gezen, kendi insanına şehirlerde kasabalarda ve ilçelerde ulaşmaya çalışan bu insanlar birlikte başarabilmenin imkanlarını arıyorlar.
Kronik bir Aydın Hastalığı Olarak : Sözlük ve Alfabe -I- - 26/04/2015
Sözlük ve alfabe hazırlamak ve bunun üzerinden kendini gerçekleştirmek Tanzimat döneminden kalma bir aydın saplantısıdır
Boyunun Ölçüsünü Vermekten Korkmak! - 20/04/2015
Orta yere çıkmak, boyunun ölçüsünü vermek ve alınan ölçüyü de bilmek zorunda olduğumuz bir yerdeyiz artık. Yani artık eskisi gibi iktidar ya da muhalefet partisinde es kazara bir iki Çerkes milletvekili var diye bu işten sıyrılmak mümkün değil.
 Devamı
adigebze I-II
Nükte!

KISSADAN HİSSE

-Moğollar Buhara’yı kuşattıklarında, uzun süre şehri teslim alamadılar. Cengiz Han Buhara halkına bir haber gönderdi: Silahlarını bırakıp bize teslim olanlar güven içinde olacaklar, ama bize direnenlere asla eman vermeyeceğiz.

-Müslümanlar İki gurup oldu: Bir gurup; asla teslim olmayalım, ölürsek şehit, kalırsak Gazi olur, Şeref’imizle yaşarız dediler. Öbür gurup ise; kan dökülmesine sebep olmayalım, sulh iyidir, hem silah, hem de sayı olarak onlardan azız, gücümüz onlara yetmez, dediler ve teslim oldular.

-Cengiz Han, silah bırakanlara; teslim olmayanlara karşı bize yardımcı olun, galib geldiğimizde şehrin yönetimini size bırakalım dedi. Böylece İki müslüman gurup savaşmaya başladılar. Moğollar’ın da yardımı ile, teslim olanlar galib geldi. Savaştan sonra Cengiz Han teslim olanların silahlarının alınmasını ve kafalarının kesilmesini emretti. Sonra meşhur sözünü söyledi: “Eğer güvenilir olsalardı, bizim için kardeşleri ile savaşmazlardı. Kardeşlerine bunu yapanlar, yarın da bize yapar.”

 

Site İçi Arama

 

Google Site

 

Üyelik Girişi