Balkar Selçuk
selcuk@ozgurcerkes.com
Нарт Лъэпщ и Нэгъуджэр Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - II
17/12/2016 Ти1аху1анако и Губгъэмрэ Титикака зи ц1э Псыинамрэ Касситхэм (1680-1160) я Хыбархэмрэ: Нарт Лъэпщ Амэрикэ къурытым Андк1э зэджэ къуршхэм щынэсам абы Виракоча иц1э зэрыф1ащэр жыт1ауэ щытащ. Т1ури хъугъуэф1ыгъуэхэм я тхьэпэлъытэт. Аращи Нарт Лъэпщ Андк1э зэджэ щ1ып1эм, япэрауэ Титикака зи ц1э псыинам хэт хыд1ыгуращ зыдэк1уэр. Мыр езы Инкахэми Аймарахэми я 1уэры1уатэхэм хэтщ. Мыдэк1э Титикака к1э зэджэ псыинар зыдэщы1э Ти1аху1анако зи ц1э губгъуэр Аймарахэ я хэгъуэгут. Испанйолхэр мыбдейр къыщагъуэтам мывэк1э ящ1э мегалитхэм я инагъым жа1ан ямгъуэту ягъэщ1эгъуэуэ къанэхэт. Ти1аху1анако дей къыщагъуэта мывэ упсахэр 100 тон и халъэгът. Псори зэхуэдэу упсэ мывэ мегалитхэр ц1ыху къарук1э ящ1ын, зэтрагъувэн 1эмал щы1эу яф1эщ хъуакъым. Абы щхьэ Испанйолхэм мыбдежым щхьэ щейт1ан 1эщ1агъэ жа1арт. Езы Инкахэмрэ Аймарахэм я 1уэры1уатэм зэрыхэтымк1э мыбдейжыр зы жэщ зы махуэм изэхуакум Иныжьхэрат зыщ1эр. Ти1аху1анако къыщагъуэта, дыгъэмрэ мазэм и калэндару траупса мывэ дуум и хьалъэгъэр тон 100 нахърэ нахъыбэу, мэтрищ и лъэгъэгъэу мэтрих и к1ыхьэгъуу арат. Ти1аху1анако-Пума Пункъу Ти1аху1анако зи ц1э щ1ып1эр, и гъэщ1э псор тригъэк1уэду, къэзыхутар Артур Познанский (1873-1946) зи ц1э аркеологращ. Абы къихутам тетщ иджырей къахутак1уэхэри. Мы ищхьэм щыфлъагъу мывэ дуур зэрыкалэндарым япэ гу зылъытахэм щыщщ ар. Т1уанэу Артур Познанскийращ Ти1аху1анако к1э зеджэ щ1ып1эм и ныбжьыр зыдынэсыр къэзыгъуэтари (Хьисэ Пегъыбар ипэ 10.000 гъэхэращ). Аращи ди литэратурэм хэхьэу нобэм къаса Ти1аху1анаком теухуа псалъэ макъхэм дыхэ1абэныкъум. Зыхуейхэр Артур Познанскиймрэ и лэжыгъэхэм теухуауэ узэджэн куэд къагъуэтыфынухэщ. [1] Куэд дэмык1ыу Ти1аху1анако зи ц1э щ1ып1эмрэ Атлантидэк1э еджэ щ1ып1эм тепщэ гуэрхэри дунейм къытехьэщ. Дэ мы лэжьыгъэм Атлантидэм кууэ дытепсэлъыхьынукъым.Ауэ мыхэри жыдмы1эу хъунукъым: Япэрауэ Атлантидэм лъэпкъипл1 щыпсэуат. Негрохэр, Индейцхэр, Ц1ыху хужхэр, Китай-Монголхэр. Аращи мы лъэпкъипл1ыр зыщыпсэу дэнэ щ1ып1эми Атлантидэм ебгъэщхьын къалэ гуэр къыщыбгъуэтыфынущ. Ауэ абы къик1къым а къэбгъуэтар Атлантэдэм и сентыррауэ. Ет1уанэрауэ Атлантидэм и нагъыщэр (символ) дыгъэрат. Аращи пасэрей лъэпкъхэм я пщы л1акъуэр Дыгъэм и къуэу ялъытэрт. Мыбы мыхьэнэу къик1ыр, ахэм я къуэпсыр Атлантидэм къызрежьэм щхьэк1эщ. Псалъэм п1апщ1э Инкахэ я 1уэры1уатэм къызэрыхэщымк1э, япэм Инкахэ я пщыжьхэу щытахэр Дыгъэм и къуэхэрт. Ди Адыгэхэми ди пщыхэм щхьэ "Адыгэм и пщыр дыгъэ бзийм къыхэк1ащ" жа1арт. Адыгэ Нарт 1уэры1уатэм Нарт Лъэпщыр къатщтэу, абы и гъуэгуанэр зи1исыр къызэрытхутэм и щхьэусыгъуэр мыращ: Нарт Лъэпщ и образыр дэнэ къыхэщми абдей щыпсэу лъэпкъхэм езыхэм я пщыжьхэр Дыгъэм и къуэу къызэралъытэм гу лъыттэн щхьэк1эщ. Атлантидэр, дунейр щыкъутэм, къурщхэр къыщыуэм вагъуэк1эхъухэм дунейм пэгъунэгъуу щыблэк1ым и щхьэусыгъуэк1э хэк1уэдауэ жа1эр. Мыбы мыр дигу къегъэк1ир, Нарт Лъэпщ гъуэгуанэ к1ихым къыщигъэзэжам Жыг Гуащэм абы; Фэ Нартхэр фыпагэщи фыхэк1уэдэжынущ зэрыжи1ар. Щэч хэмылъу Нарт 1уэры1уатэм и зы 1ыхьэр, псом хуэмыдэу Нарт Уэзырмэс, Нарт Сосрыкъуэ, Нарт Лъэпщ теухуа текстхэм я нахъыбэр Атлантидэм епхьащ. Ауэ иджы къыздэсым пасэми мыр жы1апхьэщ: Атлантидэр, ди Адыгэхэм Нарт Уэзырмэс *(Посейдон) к1э дызэджэ Нартымрэ, абы зы ц1ыху щхьэгъусэм зыдилъхуа зэдэлъхуанэ 5 ц1ыхум къытехъук1а сивилизэсйонщ. Уеблэмэ Нартхэр, Атлантидэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхьэпэлъытэу щытащ. Дауи иррехъу нобэ дунейм и щ1ып1э куэдым щыпсэу лъэпкъхэр, дыгъэр зи нагъыщэ Атлантидэм и лъэпкъхэщ. Ауэ езы Атлантидэр хэк1уэдащ. Къэнауэ нобэм къасыжар зэрыщыту Атлантидэм и колонихэращ. Зыри Атлантидэ дыдэ пэжкъым. Къахутак1уэхэм куэд дэмык1ыу Амэрикэ дыгъэрыпсым щы1э Ти1аху1анако зи ц1э щып1эмрэ Атлантидэмрэ и зэпыщ1эныгъэм гу лъатащ.[2] Ауэ мыр ищхьэр течауэ жыт1энщи Атлъэнтидэр тхыдэм и зы 1ыхьэщ, миф 1ыхьэм щыщкъым. Аращи миф защ1эу щыт Нарт хьищэм(мифым) бгъэдыхьэк1э пэжк1э убгъэдэмыхьэмэ,Нарт 1уэры1уатэм хэт Хьэрэмэ 1уащхьэр, тепщэгъуэ зыгъуэта Нартхэм дежк1э, Атлантидэм и тхьэпэлъытэхэу зэрыщытым гу лъыптэнкъым. Дауи иррехъу Атлантидэр дуней псор економик1э и1ыгъэуэ зы импэря ину дунейм тейт, лъэпкъ куэдым хуэдэу, дэ Адыгэхэми абы теухуауэ къатхутэн куэд ди1ащ. Мыдэк1э Инкахэмрэ Аймарахэм я хэгъуэгум къыщагъуэта мывэшхуэм тращ1ык1а калэндэрым тет сурэтхэм ди Кавказ лъэпкъхэм куэд дигу къегъэк1ир. Япэрауэ калэндарым ику дыдэм Виракочак1э зэджэ Нарт Лъэпщ и сурэтыр тетщ. Виракоча-Нарт Лъэпщ Виракоча и сурэтым бгъурыту дамэ и1эу тхьэ1ухудхэр зыдыдолъэгъур. Мыбдей дигу къадгъэк1ин хуейщ Нарт Лъэпщ Жыг Гуащэм щыхуэмызэ ипэ Жыг Гуащэм и тхьэ1ухудхэм хуэзауэ щытащ. Мыр хэтщ езы Нарт Лъэпщ и текстым. Ит1анэ езы Ти1аху1анако тет мы мывэ калэндарым тращ1ыхьа тхьэ1ухуд сурэтхэр и щ1ык1эк1э, и стилк1э Мезопотамямрэ Анадолэм щыпсэуа Кавказ лъэпкъхэм я 1ащ1агъэхэм ещхьщ. Ти1аху1анако трагъува мывэ калэндарым тет Тхьэ1ухудхэр Урартухэмрэ Хититхэм ящ1ауэ дамэ тейт Тхьэ1ухудхэр Кавказым къейхыу Мезопотамяр зы1эрызгъэхьа Адыгэ лъэпкъ Касситхэм и хыбарыр япэ къэзыхутар Айтэк Намитокщ. Телъыджэщи Касситхэ мезопотамям нэмыщ1 Амэрикэ Дыгъэрэпсыми лъэ1асауэ щытащ. Мыбыи япэ гу зылъытар Закхариа Ситчхинращ. Абы и еплъык1эмк1э Инкахэм я сурэт щ1ык1эмрэ Касситхэм я сурэт щ1ык1эр зэщхьщ. Иджы Касситхэ хъугъуэф1ыгъуэхэм кууэ щыгъуэзэхэт ахэр гъуаплъэмрэ дыщэмрэ къыщагъуэтын щхьэ Ти1ахуа1нако нэс к1уахэт. [3] Касситхэм зырахьэ цIэхэр черкесыбзэщ – адыгэбзэщ. Касситхэр Хьиса ипэ 1680-1160 илъэсхэм Месопотамием щытепщэу щытащ. Ахэм япщхэм зэрахьа цIэхэр адыгэбзэт. Псалъэм папщIэ, Iэгъум, Бориащ-Борэжь, Индра-Индар, - мы цIэхэр касситхэм япщхэм я цIэхэращ. Щипак-ЩупакIуэ - мыхэри адыгэцIэщ. Кассит цIыхуцIэхэм я кIэухым пыт «пакI» псалъэр адыгэбзэкIэ «пакIэ»-ращи, къикIри гурыIуэгъуафIэщ. Киммэр Босфорхэм я «IаспакIуэ»-ри мы адыгэбзэ цIэхэм ящыщщ. Касситхэми пасэрей черкесхэм хуэдэу жьы хъуа анэ адэхэр губгъуэм къранэхэрт. Касситхэр Хьиса ипэ 1960 гъэхэм шумэрхэм я къалэ Синеара (Щанар) къалэм дэсу щытащ. Ахэр дзэм хэтт. КIуэ пэтрэ я бжыгъэр бэгъуащ, уеблэмэ, шумэр къалэхэр мамлук псэукIэм техьащ. 1760 илъэсхэм мамлукуу псэу касситхэм къэралыр къащтащ. Гандащ-Гаддащ (Хьиса ипэ 1760-1745) зи цIэ пщыри пщым я пщыж хъуащ. Абы къыкIэлъыкIуэр и къуэ Iэгъумыращ (Хьиса ипэ 1744-1723). Ещанэу тепщэгъуэр Каштилиэ (Хьиса ипэ 1722-I701) иубыдащ. Касситхэм я пщыгъуэр еплIанэрейуэ зыубыдар "Iущщ" (е Iущщи). Мы пщыхэм плIыми я цIэр адыгэбзэщ. Мы касситхэм тепщэгъуэр Хьиса ипэ 1185 илъэсым нэсыхункIэ яIыгъащ. Мыбыхэм ящыщ зыкъоми Хиндистаным Iэпхъуауэ щытащ [4] Ситчхин, мы зи гугъ тщ1а Касситхэм я сурэт щ1ык1эмрэ Инкахэм я сурэт щ1ык1эр зэщхьыркъабзэу и гугъэщ. Касситхэр Мезопотамя ик1ыу Амэрикэм и дыгъэрэпсым зэрыкъуэм и щхьэусыгъуэри Кассит лъэпкъым и 1эщ1агъэр хъугъуэф1ыгъуэхэм зытеухуам ирепхь. Касситхэр абы нэс щ1эк1уэм и щхьэусыгъуэр абдей куэдрэ къыщрагъуэт дзэхурэ, дзырхьырауэ и гъугъэщ. Ситчхин щапхъэу къигъэлъагъуэ суртхэр:семэгум итыр Инкахэ ейщ.Ижьым итыр Касситхэ ейщ.Т1ури Гылгамыщ и сурэтщ итыр.Т1уми Гылгамыщ асланит1 и1ыгъщ. [5] Мезопотамям Гылгымыщк1э зэджэ л1ыхьужьыр Шумэрхэм зэратхимк1э Урук къалэм и пщыжт. Ар зэм хьэдрихэм къейхын хуеяти гъуэгум зыдэк1уэм хьадрихэм пэгъунэгъу щыхъуам асланит1ым хуэзауэ щытат. Мы ищхьэм щыфлъэгъу сурэтри абы теухуащ. Дэ Адыгэхэр Гылгамэщк1э зэджэм Нарт Ашэмэзк1э доджэ. Нарт Ашэмэзым Нарт Лъэпщ ебгъэщьхьын зы хулъэк1иныгъэ и1ащ. Нарт Ашэмэзри Нарт Лъэпщым хуэдэу дуней псор къик1ухьауэ щытащ. Нарт Лъэпщ дунейм тет адрей лъэпкъхэр зыригъэц1ыхун зигъэц1ыхун и гугъэу гъуэгуанэ техьэт. Нарт Ашэмэз дунейр къыщик1ухьым и щхьэусыгъуэр нэгъуэщ1щ. Ар бжьамий к1уэдар къигъуэтын щыхьэк1эт гъуэгуанэ зытехьэр. Шумэрхэ я Гылгамыщми муккурэ-пиккурэ зи ц1э пщыналъэ амэпысымэр к1уэдауэ щытат... Ситчхин зэрытхымк1э Ти1аху1анако, Виракоча къызэрык1уэр дунейр псык1э мыкъутэ ипэт. Шумэрхэмрэ Касситхэм абдей щык1уар дунейр псык1э щыкъутам куэдрэ нэужьт. Ти1аху1анако теухуауэ и ныбжыр зыдынэсыр къихутэну япэ лэжыгъэшхуэ езыгъэк1уэк1ар Артур Познанскийрат. Абы япэ итхамк1э Ти1аху1анако и ныбжыр Хьисэ Пейгъымбэр и пэ 15000-10000 илъэсхэрат.[8] [6] Артур Познанский Ти1аху1анако зиц1э мывэм тет систэмэр зэрыщыту уэгъум ит вагъуэхэм дэплъеин щхьэ ящ1ауэ плъэп1эт. Ауэ и лъэбжьэм щ1эт систэмэр зэрыщыту хидролик1ти абык1э дзэху мывэм къыхах дзэхур ягъэкъабзэхэрти гъуаплъэм хьалъхьэурэ жэз ящ1т. Ауэ Ти1аху1анако зи ц1э щ1ып1эм гъуаплъэ щы1ажтэкъым. Арамэ дэнэт гъуаплъэр къыщагъуэтыр? Дзэхури гъуаплъэри къыхащ1ик1ыр мывэхэрат. Арати Нарт Лъэпщ хъугъуэф1ыгъуэхэм зэрызэхищ1ык1ым хуэдиз мывэ лъэпкъхэми хищ1ык1т. Нахъыбэрэ мы хъугъуэф1ыгъуэхэр къурщхэм икум хэлът. Арауэ к1ыщ1эк1инущ Нарт Лъэпщ и к1ыщыр къурш гуэрым и лъэбжьэм зэрищ1этыр. Телъыджэращи Пэру к1э зэджэ хэгъуэгум къэк1уа Виракоча зи ц1э тхьэпэлъытэм зыхуейр хъугъуэфыгъуэт. Псом хуэмыдэу дзэхут. Дзэху уи1мы1амэ жэз пщ1ыфынутэкъым. Жэз умыщ1ыфмэ 1эщэр даурэт зэрыпщ1ынур? Мыр хъуну зэгуэрэкъым. Щыту жып1эмэ Виракочак1э зэджэ Нарт Лъэпщ и 1эщ1агъэр Нарт псом и 1эщэмрэ зыхуэныкъуэ 1эмэпсымэхэр ищ1ынрат. 1эщэ пщ1ын щхьэк1э дзэху уи1ан уеймэ Пэру рэ Боливяращ уздэк1уэнур. Мы дунейм къыщырагъэк1 дзэхум щэ пэбжу (процэнт) 90 ноби Пэрумрэ Боливяращ къыщыщ1ахыр. Ауэ жэз пщ1ын щхьэ гъуаплъей уи1ан хуещ. Телъыджэращи Ти1аху1анако к1э зэджэ щ1ып1эм гъуаплъэ щы1жтэкъым. Гъуаплъэр зыдэщы1ар Амэрикэ дыгъэрэпсратэкъым Амэрикэ Сыхуэрехрат (Ищхьэрэ). Атлантидэк1э зэджэ импэрям и инагъ, абы ипи ик1и нэсауэ импэря ин дунейм къытехьакъым. Атлантидэхэр дуней псом кхъухыдзэк1э къыщак1ухьхэти дэнэ щ1ып1эми езыхэм епхауэ колонихэр я1эт. Дунейм економик1э манаполу щы1ар Атлантидэм я 1эмыщ1э илъти псом хуэмыдэ дуней псом и жэзыр ахэм я1эмыщ1э илът. Зэж зимы1э къэралыр зыми щымыщт. Дуней псом и економир жэзым епхауэ, жэз п1щ1ын щхьэк1и дзэхумрэ гъуаплъэмрэ ухуэныкъуэмэ 1эмал имы1ау Хэкум-Кавказыми улъэ1эсын хуейщ. Щхьэ жып1эм Кавказым нахъыбэрэ Черкесям хиубыдэ щ1ып1эхэм гъуаплъэ къыщ1ахыу 218 щ1ып1э хуэдиз къыщагъуэтауэ етх Намиток.[7] Амэрикэ Дыгъэрэпсым Андк1э зэджэ къуршхэм псом хуэмыдэу Титикака к1э зэджэ псыинам и агъуэблагъуэм дзэху къыщ1рахым хуэдэу Амэрикэ Сыхъуэрехым Мишиганк1э зэджэ щ1ып1эм щы1э псыинам дей гъуэплъэ куэд щы1ащ. Аращи Хьисэ Пейгъымбар ипэ 3000 гъэхэм дейж хамэ хэку къик1а Атлантидахэм зэуэ къахутауэ щытат Мичиганк1э зэджэ щ1ып1эр. Френк Коллин къызэрыхутамк1э Мичиганк1э зэджэ щ1ып1эм Хьисэ ипэ 3000 и гъэхэм дей щ1ыщ1идзэу Хьисэ ипэ 1200 нэсыхунк1э гъуаплъэ къыщ1агъэк1ахэщ Атлантидэхэм.[8] Нахъ мащ1эу жып1эмэ щ1ып1э 5000м, 300.000 тон нахърэ мымащ1эу гъуаплъэ къыщ1ахащ. 1840 гъэхэм Амэрикэ дыгъэмыхъу лъэныкъуэм Мичиган дейж, зы щ1ып1э закъуэм, вагонипщ1 из ищ1ын хуэдиз мывэуадэ къагъуэтащ. Ройал зи ц1э хыт1ыгум McCargo к1э зеджэ щ1ып1эм къагъуэта мывэуадэхэри 1000 тон хуэдизт. Мыпхуэдиз мывэуадэм сытыт иращ1ар? Гъуаплъэ къыщ1ахт шэч хэмылъу. Гъуаплъэр сыт щыгъуи щ1ы щ1агъым мывэмрэ зэхэпщауэ щ1элъщ. Ар къагъуэта нэужь мывэр маф1эк1э ягъэплъырт. И щы1ум зэуэ псы хак1эрти мывэр хагъэк1т. Мывэр хэк1а нэужьк1э мывэуадэк1э абы к1эрыпщ1ауэ щыт гъуаплъэр ягъэкъабзэрт. Адыгэм мы хъугъуэф1ыгъуэр, зэк1эрыпщ1ауэ щыт мывэм зэрык1эрачыр ищ1эу къыщ1эк1инти абы гъуэплъэ к1э еджэщ. Къахутак1уэхэм Андк1э зэджэ лъэпкъым и пщыжьхэм я тепщэгъуэм и нагъыщэр уадэ гуэру зэрыщытам гу лъатащ. Виракоча Инкахэм я пщыжьхэм я тепщэгъуэм и нэщанэу мы уадэр иратыуэ щытат. Инкахэм япэрей пщыжь Манко Капак (1200-1230) и тепщэгъуэм и нагъыщэр Тупа Йу1ари к1э зэджэ уадэрат. Кассит-Урарту-Хьаттихэм я тхьэпэлъытэшхуэ Тещуп и нагъыщэри уадэт. Касситхэм Тещупк1э зэджэр Нарт Сосрыкъуэрат. Тещуп и нагъыщэхэм щыщ зыри уадэрат. Телъыджэращи Нарт 1уэры1уатэм къызэрыхэщымк1э Нарт Сосрыкъуэ къыщалъхуам гущэм хэлъу къапсалъэри: -Сэ тхьэхэм сариуадэщ жи1ащ. Тещуп-Нарт Сосрыкъуэ и нагъыщэхэм щыщ гуэри уадэрауэ щытащ. Дэ Нартк1э дызэджэ антропоморфикхэм пасэрей Мысырхэр Нетер к1э еджэхэрти Нетер псалъэр идеограму зы уадэ гуэру ятхт.[13] Нетер Амэрика Сыхъуэрехым 1000 тон бжыгъэк1э къыщагъуэта уадэхэр телъыджэщ. Нартхэр псом хуэмыдэу уадэ хуэныкъуэ хъуауэ, хузэф1эмык1ыфым Нарт Сетеней уадэ хищ1у[14] Нарт Лъэпщ зыритар итщ текстхэм. Мыдэк1э Нарт Хъудымыжри уадэ зыхуэныкъуэ щыхъум Лъэпщ и уадэр къы1их и хабзэт. Псори зэгъусэу къапщтэмэ Андк1э зэджэ Амэрикэ дыгъэрэпсым и тепщэ Инкахэм уадэр зыратар ахэм я тхьэпэлъытэшхуэ Виракочарат. Мысырхэр езыхэм я антропоморфик Нетерхэр идеограму уадэ к1э ягъэлъагъурт. Дэ Адыгэхэм я дей Нарт Сосрыкъуэ езыр тхьэхэм яриуадэу жи1ыжырт. Мыдэк1э Кассит-Хьаттихэм я тхьэпэлъытэшхуэ Тещуп и нагъыщэхэм щыщ гуэрыр уадэрт. Уадэр дэнк1э къыхэщми абдей хъугуъэф1ыгъуэм дызэрыхуэзэри телъыджэщ. Атлантидэк1э зэджэ импэрям я къарур къызхэк1ири Плутон[15] зэрытхымк1э нэмыщ1 лъэпкъхэм ямыщ1ыф1у Orikalkum (Орихалк) зи ц1э жэзыр зэращ1ыфрат. Абык1э монопол хъужахэт. Диодор Сицилийский зэрытхэмк1э Атлантэда зи ц1э хэгъуэгум исхэр Горгон зи ц1э лъэпкъырат. Мы лъэпкъыр Черкес Нарт 1уэры1уатэм Нарт Горгоныжь иц1эм къыток1. Френк Коллин и Гипотэз: Амэрика Къурытым щыпсэуа Азтэк, Мая, Толтэк лъэпкъхэмрэ Америка дыгъэрэпсым щыпсэуа Инка лъэпкъхэм я пщы лъэпкъхэр Кавказ теплъэс ик1ий Кавказ лъэпкъщ жызы1ар Френк Коллинращ. Абы итха The Atlantis Ansiklopeida[16] зиц1э тхылъми Survivors of Atlantis: Their Impact on World Culture зи ц1э тхылъми къызэритхамк1э Инка лъэпкъым и хэгъуагум ц1ыху хужьхэр щэрэ къэ1эпхъуауэ зытащ. Ахэр нахъыбэр нащхъуэрэ сырыху лъэпкъхэм я щ1эблэт, Анд зи ц1э къуршхэм сивилизасйоныр къэзыхьахэри ахэращ. Ик1ий Инка лъэпкъым я пщыжьхэри Манко Капак щыщ1идзауэ псори мы лъэпкъыжым щыщхэщ. Анд зи ц1э къуршхэм къыщагъуэта нащхъуэ мумияхэр(Лима-Пэру) Анд зи ц1э къуршхэм къыщагъуэта щхьэц сырыху тет мумияхэр(Лима-Пэру) Анд зи ц1э къуршхэм щыпсэу лъэпкъхэм жьак1э къатек1экъым ауэ абдей къыщагъуэта библохэм жьак1э ятетщ.(Мочичо Лъэпк1ым ейуэ.) Инка Лъэпкъым я пщыжьхэр езыхэм щымыщу, ц1ыху хужь лъэпкъым щыщу ябжт.(Мансо Карак(1022-1107)-Тупак Йупанкуй Инка)[17] Френк Коллин Инкахэм хуэдэу Маяхэмрэ Азтэкхэм я пщы лъэпкъхэри Кавказ лъэпкъыу щытауэ етх. Инкахэм я 1уэры1уатэхэм къызырыхэщымк1э Кавказ лъэпкъхэр Анд зи ц1э къуршхэм щэрэ къак1уахэт. Маяхэ я 1уэры1уатэм хамэ хэку къик1ыу хышхуэр къызэпхырик1ыу нэк1уахэр т1оуэ нэк1уэхэщ. Ауэ язэхуэк1ум зэман куэд дэлъщ. Адыгэ Нарт 1уэры1уатэм, Лъэпщ дуней псор къызэрык1ухьэр хэмыту езы Нартхэр зэры лъэпкъыу т1орэ я хэку ябгъынэри хамэ щ1ып1эхэм к1уахэщ. Адыгэ Нарт 1уэры1уатэм зэрыхэтымк1э япэ 1апхъуахэр Нарт Амыщ, Нарт Мамыщ, Нарт Тхьэгъэлэдж сымэхэщ. Ахэм илъэс куэд нэужь 1эпхъуахэр Нарт Къуиц1ык1ужь я пашэу Нарт Горгъоныжь Нарт Ахъуэжь сымэхэри хэту Нарт Лъэпкъ псоращ. Френк Коллин Мая лъэпкъыр класищу етх. Я пщы лъэпкъхэр зэрыщыту Кавказ лъэпкъыу щыту. Маяхэм я миф образхэр пасэрей Мысырым и миф образхэм ещхьыр къабзэщ. Мыбы пасэ дыдэу гу лъызыта къахутак1уэхэм Маяхэри Мысырхэри нахъ пасэрейуэ зы сивилизасйоным ирапхахэщ. Къахутакуэхэм (Джамэс Чухурчвард..сымэ) МУ зи ц1э сивилизасйон гуэрэр Мысырымрэ Маяхэм я лъэбжьэм щ1элъ пасэрей сивилизасйону ябжащ. Региналд Обри Фэссэнден и лэжыгъэхэм къызэрыхэщымк1э пасэрей Мысыр лъэпкъыр къыщейжьар Кавказым и Таман зи ц1э щ1ып1эращ. Аращи Маяхэ я къуэпсыри Таман къызэрыщейжьам щэч хэлъкъым. Дауик Мысырыми Маяхэми я къуэпсыр зы щ1ып1эращ зерепхьар. Мая лъэпкъым езыхэм я къуэпсыр къыщежьа Таман щхьэ "Тулан" жа1арт. Америка курытым я къуэпсхэми Тулан зи ц1э Таман 1уфэхэм къыщежьа адрей лъэпкъхэми, Кавказым щхьэ езыхэм я анэдэлъхубзэк1э ц1э зэрыз ф1ащауэ щытащ.
Къахутак1уэхэм зэзэмызэ пц1ы зэпэзэщ къагупсысхэу я хьабзэщ. Мифым идей, къахутак1уэхэм нобэм къасыхунк1э яупса нахъ пц1ы зэпэзэщыр, хым щ1эмбры1уауэ хытыгуит1 щы1ау, зыр МУ и ц1эу адрейри Атлантида и ц1эу зэжа1аращ. Мы ищхьэм шыфлъэгъу щ1ып1эхэм щ1ыгушхуэхэр щы1ау, абдей сивилизасйонышхуэ тетау, ауэ дауми т1ури хым щ1эмбрыуауэ жа1э. Мыр пэжкъым. Мы иджырей зэманым уафэм дэтхэнэ къаралышхуэми сойз (uydu) ща1эщ. Ауэ мы къахутак1уэхэм "щы1ати хым щ1эмбрыу1ащ" жыхуа1э щ1ып1эхэм хым и лъэбжэм зы дыркъуэ закъуи къыщагъуэтакъым нобэ къыздэсым. Апхуэдиз зи инагъ щ1ыгур къекъутэхыу хым щ1эмбры1уэмэ зи мыхъуми и лъэужь хым и лъэбжьэми щэлъын хуейтэкъэ?? Ди еплъык1эмк1э МУ к1э зэджэ щ1ып1эр Кавказым и Таман-Анапа-Кубан и лъэныкъуэращ. Атлантидак1э зеджэ щ1ып1эри Терчрэ Сунджэ я зэхуэк1ущ. Япэ псым хэк1уэдар МУ ращ. Абы къик1ыр, Ахин к1э дызэджэ (псы 1эф1у щыт) псыинам и гъунапкъэр къутэу, Босфор блэк1ып1эр утыку къихьэу, хы щхъуэнт1эм и псы шыугъэр Ахин хэлъэдэу и 1уфэм 1ус лъэпкъхэр зэтриук1ауэ щытаращ. МУ р зэрыхэк1уэдар аращ. Кавказым и 1уфэхэр Ахин и лъэбжьэм къыщ1энащ. Къахутак1уэхэм МУ рэ Атлантид рэ жа1эу ц1э ф1аща щ1ып1ит1ри Кавказыращ. Кавказ къуэк1ип1эмрэ Кавказ къуахьэп1эм епха сыт хуэдиз хъыбар щы1амэ т1ууэ зэток1ри зыр МУ к1э зэджэ щымы1э щ1ып1эм, адрейри Атлантидэк1э зэджэ щымы1э щ1ып1эм ягуэшахэщ. МУ к1э зэджэ зыщ1ып1э зэрыщы1ар япэ жызы1эр Огюст Лё-Плонжонращ (1826-1908). Абы къык1элъык1уэу Джеймс Чёрчвард (1851-1934) сымэхэращ МУ-м тепсэлъыхьар Джеймс Чёрчвард къызэрежьэ лъэндэрэ Кавказым и пасэрей лъэпкъыжьхэр щыпсэуэуэ зэрыщытар имыдэу, мы гупсысэм и бийуэ псэуащ. Ар МУ мрэ Атлантидэ гупсысэр, Кавказым имейуэ игъэлъэгъуэн щхьэ игъэщ1эр ихьащ. Мы дунейм зыдэмык1уарэ къимыхута щ1ып1э къигъэнакъым, ауэ Кавказым гъунэгъуу бгъэдыхьакъым. Чёрчвард Кавказыр илъагъу хъуртэкъыми щ1эныгъэл1хэм хуилът: "Мы щ1эныгъэл1хэм дэнк1э зы пасерей лъэпкъыжь щы1эми яхьри я хэкужьу щытар кавказым ират жи1эрт." Кавказыр утыку кримыгъэхьэн щхьэ МУ зи ц1э зы хыт1ыгу щы1эуэ жи1ащ. Дэнэ т1э мы МУ-р? жып1эмэ "Хым щ1эмбрыуащ" же1эри 1ук1ыжт. Ауэ езы Огюст Лё-Плонжон ри Джеймс Чёрчвард ри я тхылъхэм МУ зи ц1э хыт1ыгум и тепщэр Осирис рауэ, ар МУ-м къыщалъхуа нэужь Атлантидам к1уауэ ятх. Мыр дэ Адыгэхэм къызэрыдгуры1уэнур, Осирис Таман къыщалъхури Терек губгъэм щыпсэуэщ! жи1уращ. Осириск1э зэджэр Адыгэ Нарт 1уэры1уатэм хэт Нарт Уэзырмэсращ.[18] Мыдэк1э Атлантидэк1э зэджэ щ1ып1эм и къалащхьэм щыпсэу лъэпкъым Горгон и ц1эти, ахэм я лъэужьри Нарт 1уэры1уатэм хэт Нарт Горгоныжьращ. Къахутак1уэхэм ещанэу яупса пц1ыр Агарта е Шамбала к1э зэджэхэращ. Мы щыри МУ ри Атлантидари Агартари зыщ. Псори зэпхар Осириск1э дызэджэ Нарт Уэзырмэсращ. Джеймс Чёрчвард и Гипотэз: Закхариа Ситчин Ти1ахун1ако зи ц1э щ1ып1эр Хьисэ Пейгъымбар ипэ 10.000 илъэсхэм зытырагъувауэ и гугъэт. Ик1ий абдей щы1э Титикака зи ц1э псыинам кхъухь тедз1ап1э щы1ауэ же1эр. Абдей жэз ящ1ын щхьэ нэгъуэщ1 щ1ып1эхэм къыщ1ах гъуаплъэр кхъухьк1э къахьу, езы Ти1аху1анакоми дзырхьрэ дзэхурэ дыщэрэ къыщ1ахыу, къыщ1ахахэри кхъухьк1э дуней псом яхьурэ ящ1эу.. Ауэ мыбдей зы проблэмэшхуэ къытпоув. Езы Ти1аху1анакок1э зеджэ щ1ып1эр мэтр 4000 и лъэгагъым тейтщ. Абдей кхъухьхэр даурэт зэрыдэк1уейр? Зекхария Ситчын мы проблэмэм тепсэлъыхькъым. Ауэ Джеймс Чёрчвард зи ц1э къэхутак1уэм мы проблэмэм мыпхуэдэу зы пэгъуэк1 иретыр; Езы Ти1аху1анако зи 1э щ1ып1эм япэ къак1уэу сивилисасйон игъуву, къалэр зытезгъува лъэпкъыжыр, абдей Хьисэ Ипэ 15.000 гъэхэм ипэ къыщык1уам Анд зи ц1э къуршхэр дунейм къытэхьатэкъым.Ти1аху1анако зи ц1э къалэр щытрагъувам щыгъуэ а щ1ып1эм и лъэгагъыр хым и лъэгагъым нахърэ зы мащ1э т1эк1ут зэрылъагэр. Ат1э къалэр зытырагъува нэужьщ къуршхэр щыдэк1уэтеяри, езы Ти1аху1анакор зэрыдэк1уеяри. Чёрчвард къызэрихутамк1э къуршхэр щыдэк1уэтейу езы къалэри щыдэк1уэтеям щыгъуэ а сивилизасйоным щауха адрей къалэхэр дэмык1уэтейу хы 1уфэм къы1унащ. [19] 2-Нарт Лъэпщрэ Азтэкхэмрэ: Нарт Лъэпщ дуней псор зэрыхъуреуэ къыщик1ухьам щыгъуэ, Амэрикэ дыгъэрэпсыми к1уауэ къыщ1эик1инт. Америкэ къурытым щыпсэу Толтэк (3500-1200) зи ц1э лъэпкъым Нарт Лъэпщыр ф1ы дыдэу яц1ыхут. Толтэк лъэпкъым и 1уэры1уатэхэм хэт темахэм щыщ гуэрхэр Нарт 1уэры1уатэми ф1ы дыдэу хъумауэ хэтщ. Псом хуэмыдэу Нарт Сэтэней Дыгъэр къызэригъэувы1ам теухуа текстыр Толтэкхэмрэ ахэм къык1элъык1уэ Азтэкхэм я 1уэыры1уатэхэми я тхыдэми хэтщ. Толтэкхэми Азтэкхэми Нарт Лъэпщыр я1цхут. Лъэпкъитми я тхьэпэлъытэшхуэхэм щыщт Нарт Лъэпщ. Лъэпкъитми я къалащхьэр Нарт Лъэпщ и фэеплъу ягъувауэ щытат. Лъэпкъитми Нарт Лъэпщыр зы махуэ гуэрэм хамэ хэку къик1ыу езыхэм я хэгъэгум къак1уэу сивилизосйон къихьауэ ябжт. Лъэпкъитми дыщэмрэ гъуаплъэм, нэгъуэщ1у жыт1эмэ Металургием и щ1эныгъэр къахэзылъхьар Нарт Лъэпщу ябж. Тхэк1эр, матэматикэр, къалэ зэтэгъувэк1эр Нарт Лъэпщырат къахуэзыхьар. Азтэкхэ ди Нарт Лъэпщым ц1эуэ ф1ащар Кетцалькоатльрат. Азтэкхэ я Хэгъэгу: Амэрикэ Курыт -Мексика Тенок-Хениок Лъэпкъымрэ я Тхыдэмрэ: Азтэкхэ я къалащхьэм Теноктитланк1э еджэхэрт. Абы къик1ыр Хэнок (Enoch İng.) и къалэ жи1у арат. Хэнок-Тенок к1э зэджэр, Азтэкхэ я лъапсэр къызытек1а я едэщхуэхэрат.Езыхэми Тенокк1э зэджэжхэрт. Къахутак1уэхэм Хенок теухуауэ, Торах к1э зэджэ журт тхылъым текстхэр къыщагъуэтащ. [20] Ауэ Торахым хэт Хэнокум гу зылъыта къэхутак1уэхэм гу лъамытауэ зыгуэр щы1эт. Торахым зы ц1ыху, зы пейгъмбар гуэрэм и ц1эу хэт Хенокур, Черкесям и хы 1уфэм лъэпкъыу щыпсэуахэщ. Хениокхэр Черкесям и хы 1уфэм зэрыщыпсэуар пасэрей тхак1уэ Страбонми, Гэрэдотми ятх. [21] Айтэк Намиток Origines Des Circassiens I. зи ц1э тхылъым Черкесям и хы 1уфэм щыпсэуа Хениокхэм теухуауэ мыхэр етх: Акахэмрэ, ахэм къытехъук1ауэ ябж Хэниокхэмрэ, Зигхэмрэ сытым щыгъуэй адыгэхэм ягъусэу къа1уатэ. Хэниокхэр трабзонрэ даряал блэк1ып1эм я зэхуакум дэсахэщ. Я хэгъуэгур Зиг хэгъуэгум ипщэм хуэзэрт. Адрей Адыгэ лъэпкъхэм хуэду Азие ц1ык1ум щыпсэуахэт. Тхылъ гуэрэхэм зэритымк1э, таман хыт1ыгуныкъуэм Синд хэгъуэгум, Хенэокхэм уащыхозэ. Хенэокхэр ягъунэгъу я лъэпкъуэгъу Акахэм я гусэу хъунщак1уэу хыф1ыц1эм дэнэми къыщыхутахэщ. Санигхэмрэ Абаскхэмрэ Хениокхэм къытэхъук1ауэ ябж. Синд хэгъуэгум ис 1эниоджхэмрэ (Эниоччи), [22] Черкес Хениоххэмрэ (Хениокъхэр) зэпыщ1эныгъэ зэри1эр, ф1эщыц1эм хэт "Хэн" псалъэмрэ, куэдыгъэ мыхьэнэ хэзылъхьэ "х" псалъэр къежьап1э зэрыхухъур на1уэщ. Хэнэтхэр, 1энэтхэр, Вэнэтхэр а псалъэм и жы1эк1э зэмыл1эужьыгъэхэм щыщщ. Мыхэр Азие ц1ык1ум Хэнэтхэр ,1энэтхэр зи ф1эщыц1эу нэм къолъагъуэ. Хениоххэм щхьэ Македонямрэ, Тракиемрэ, Карием и Милэт лъэныкъуэм 1энэтхэр щыжа1э. Макэдон лъэпкъхэр, 1энэтхэм Дарданхэм Синдхэм езэуауэ жа1э. Синдхэм Кавказым Таман и 1эгъуэблагъуэм ущыхозэ. Сындхэр хэгъуэгу зыкъом ириубыдэу ину убгъуахэт. Кариямрэ Ликямрэ Синдос, Псидиам Синдиан, Ликям Синдиа, Кариям Синдэссос къалэхэр щы1эт. Мыдэк1э Теракес Синдхэмрэ, 1индиам и дыгъэмыхъу лъэныкъуэм щыпсэу Синтхэр зэлъэпкъуэгъут. Ик1эм ик1эжым Синдхэм пэсэрей Курдиям и Ботан-Захьо лъэныкъуэм ущыхозэ. Мы щ1ып1эм иджыри Синти иц1эу 1узэв щы1эщ. Френк Коллин зэрытхэмк1э Азтэк лъэпкъыр езыхэр Тенок к1э зэджэжхэрти я калащхьэми Теноктитлан к1э еджэхэрт. Азтекхэм ипэрей пщым и ц1эри Тенокт. Нарт Сетеней Дыгъэр Къызэригъэувы1амрэ- Азтэкхэм я Къалащхьэр Щыттрагъувам и Хъыбар: Адыгэ Нарт 1уэры1уатэм Нарт Сетеней теухуэуэ хэт текстым итщ. Абы къызэрыхэщымк1э Нарт Сетеней и унафэмк1э е и лъэ1умк1э дыгъэр зы махуэ гуэрэм къомыхьэу уэгум итащ. Мы темар универсалу щытын хуейщ. Сыту жып1эм дыгъэр Кавказым и щ1ы1ум къуэмыхьэу тетамэ, Амэрикэми дыгъэр къыкъомык1ыу жэщ к1ыхыу къызтенэн хуещ. Кавказым дей дыгъэр къуэмыхьэмэ, Амэрикэм дейжи къыщыкъуэк1инкъым. Сетеней и унафэк1э е и лъэ1ук1э дыгъэр къыщыкъомыхьэр Адыгэ Нарт 1уэры1уатэм хэту щытмэ, модэк1э Азтэкхэм я мифыми дыгъэр Амэрикэ хэгъэгум къыщыкъомык1ар хэтын хуейщ. Ик1ий хэтщ! Азтэкхэм я мифхэм зэрыхэтымк1э, езыхэм япэ я хэгъуэгум Толтэк зи ц1э лъэпкъыр щыпсэухэр. Толтэкхэм ипей а хэкум ц1ыху лъэпкъ истэкъым. Ауэ я къалащхьэм, Теотихуакан к1э еджэу тхьэпэлъытэ лъэпкъыр щыпсэурт. Арати Теотихуаканк1э зэджэ къалэм тхьэпэлъытэхэр зыдыщыпсэуам зы махуэ гуэрэ щэжыр, нэху мыщу к1ыхь хъуащ. Тхьэпэлъытэхэр, дыгъэр къыкъомык1ыу жэщ к1ых к1ыф1ым къыхэнахэщ.[23] Теотихуакан щыпсэу тхьэпэлъытэхэр дыгъэр къызэрыкъуэмик1амрэ, мазэр къызэрыкъумыхьэм тогузэвыхьхэри, езыхэм щыщ т1ур мазэмрэ дыгъэм папщ1э тыхь къурманыпхъэу маф1эм хадзащ. А дыдэми мазэр къохьэ, дыгъэри къыкъок1. Арати тхьэпэлъытэхэр щызэхуосри езыхэм я къалащхьэу щыт Теотихукан къалэм, мазэмрэ дыгъэм и фэеплъу пирамид зэрыз трагъув.[24] Дыгъэм и Пирамид-Мазэм и Пирамид Хьадрихэм и Гъуэгу Адыгэхэм езыхэм я 1уэры1уатэхэм хэт, дыгъэр къомыхьэу мазэри къыкъуомык1 махуэм и фэеплъу, Америкэ къурытым, зыр мазэм зыри дыгъэм и фэеплъу пирамит зэрагъувар телъыджэщ. Франк Коллин зэрытхамк1э а птрамидэхэр щагъува щ1ып1эм щыпсэу Азтэкхэми Толтэкхэми я пщы лъэпкъыр Кавказ лъэпкщ. Джеймс Чёрчвард езби и лэжыгъэхэм, Азтэкхэр зэрыщыпсэуа щ1ыналъэм сивилизосйоныр къэзыхьа лъэпкъыр мы1индецу, лъэпкъ хужьым щыщу къещтэр. Абы зэрытхамк1э Кецалкоатл зи ц1э тхьэпэлъытэм и гупсысэр мы щ1ыналъэм къазыхьахэри мы Кавказ лъэпкъыращ. Дэ Адыгэхэм Нарт Лъэпщк1э дызэджэм Азтэкхэ Кецэлкоатлк1э еджэ хабзэт. Нарт Лъэпщ езыр Нарт Сетенейм и гъунэгъу дыдэт. Аращи ди Нарт Лъэпщыр, Кецалкоатл и ц1эу къыхэщ Азтэкхэ я 1уэры1уатэхэм, дыгъэр къыщыкъомык1ам и хъыбарыр къызэрыхэщыри гуры1уэгъуэщ. Дыгъэр щыкъуэмыхьам теухуа текстым, Азтэкхэ я мифым, Дыгъэр Къыщыкъуэмык1ар жи1эу ухуэзэным гъэщ1эгъуэн гуэр хэлъкъым. Дауик "дунейр щэрхщи мэк1эрахъуэ" ауэ а зэм зэрык1эрахъуэр къызэригъэувы1ар нахуэщ. Щ1эныгъэл1хэр мы 1уэхугъэм зы къомрэ иужь итахэщ. Иужым радйокарбон тестк1э мы 1уэхугъуэр Хьисэ Пейгъымбар ипэ 1463 гъэхэм къыщыхьуэуэ жа1ащ.[25] Мыбдей мы 1уэхугъуэр зэрыщыту астрономиям епхауэ зэрыщытри нахуэщ. Нахь гъунэгъуу деплъмэ Хьисэ Ипэ 1463 гъэм, дунейм изы лъэныкъуэм дыгъэр зэрыкъомыхьар, адрей лъэныкъуэми мазэр къомыхьэу зэрыщытам къик1ыр, езы дунейм к1эрэхъуэныр зэригъэувы1аращ. Адыгэ Нарт 1уэрыуатэм и хьыбарым хэт, Азтэкхэми я хэкум, а 1уэхугъэм и фэеплъу пирамидэ зэрызтрагъува мы къахъукъащ1эр щэч хэмылъу астрономиям епхауэ 1уэхушхуэ гуэрэщ... Дэтхэнэ мифыри ирехъу а мифым хэт Тхьэбызылъхугъэхэр нахьыбэрэ Мазэмрэ Нэхущ Вагъуэмрэщ зэрепхауэ щытар. Адыгэм Нэхущ Вагъуэк1э зэджэр Венус жыху1э вагъуэращ. Нарт Сетеней нахъыбэрэ Нэхущ Вагъуэращ епхыпхъэр. Мы дыздытейт дунейм пасэрей лъэпкъхэр нахьыбэрэ зыгъэшынэр нахьыбэрэ зыгъуэгузэвауэ щыта вагъуэр Нэхущ Вагъуэращ. Абы щхьэусыгъуэ куэд и1ащ. Ауэ япэ щыхьаусыгъуэр мыращ: Венуск1э зэджэ Нэхущ Вагъуэм и зек1уэк1эр дунейм и зек1уэк1эм хуэдэкъым. Нэхущ Вагъуэр Дунейр дыгъэм и агъуэ благъуэм зыдэк1уэ гъуэгум и пхэнжымк1э к1эрахъуэ хабзэт. Арати Нэхущ Вагъуэр дунейм сыт щыгъуэ гъунэгъуу блэк1мэ езы дунейм и щыт1ык1эр икъутэрти е щ1ыр мэзджызджт е хыхэр къабырыбт е къуршхэр къигъауэрт е псори чэзуэрэк1э къахъурт. Арати пасэрей ц1ыхухэр Венуск1э зэджэ Нэхущ Вагъуэм куэдрэ щышынэхэрт. Нарт Сетеней дунейм и к1эрэхъуэк1эр къигъэувы1амэ абы къик1ыр Нарт Сетенейр Венуск1э зэджэ Нэхущ Вагъуэм епхауэ деджэн хуейуэ аращ. Мыдэк1э Сетеней и хыбарым нэмыщ1 зы Нарт хъыджэбз гуэрыри хетщ а текстым. Мы хьыджэбзыр Сетенейм поуври зоныкъуэкъу дэрбзэр 1уэхумк1э. А Нарт хыджэбзымрэ Сетенейм и зэныкъуэк1ыри уэгурауэ къыщ1эк1инщ щек1уэк1ар. Къахутак1уэ Френк Коллин Хьисэ Ипэ 2000-1400 и лъэсхэм дунейм гъунэгъу блэк1э вагъуэк1эху хэм топсэлъых.... Колкидэм и Благъуэмрэ Азтэкхэ я Благъуэмрэ Азтэкхэ Кецалкоатлк1э зэджэ антропоморфик1ир благъуэм епхауэ къалъытэрт. Е благъуэм и жьэм иту нэк1уауэ. Мы благъуэм и жьэм къыжьдигъэк1а ц1ыху гуэрхэр адрей мифхэми къыхощ. Аргонотхэ дыщэ мэлыфэр зы1эрагъэхьэн щхьэ Паллада Афина к1э зэджэ тхьэбзылъугъэм зы кхъухь хурагъэщ1ауэ щытащ. Аргонотхэ, Адыгэ Нарт 1уэры1уатэм, къурш зыгуэк1 зыгуэхьэк1э зэджэ (Cипмлэгады) щ1ып1эм блэк1ыу Колкидэ к1уауэ щытахэщ. Колкидэм и благъуэм ихъумэ дыщэ фэр къадыгъуну. Мы дыщэ мэдыфэри благъуэ гуэррат зыхъумэр. Колокидэм и благъуэм 1уэхугъуэ куэд пыщ1ат. Ар Пэласг лъэпкъым и адэжьу щыт Пэлэсгосыр и жэм ису Пэласг щыналъэм къихьэуэ щытащ. Ар хы 1уфэм, Паллада Афина къыригъэблэгъэуэ щытат. Афина и бгъэм е и мэ1ухум и щы1ум сытым щыгъуэ Горгон и сурэтыр тейтщ. Горгон езыр Козмократору щытащи ар е зы зэманым е зы калэндарым и символу унивэрсалу дуней псом яц1ыху гуэрэщ. Горгоныр Азтекхэ я калэндарыми хэтщ.Мыдэк1э Хиндхэм я 1уэры1уатэми хэтщ. Колкидэ/Кавказ благъуэ-Азтек Благъуэ-Хиндхэ я Бдзэжей, щыми я жьэм ц1ыху исщ. Азтекхэ я благъуэм езы Азтэкхэм зэджэр Кецалкоатлращ. Хиндхэм я дей Манук1э йоджэ. Грэкхэм я дей ар Пеласгос епхьащ. Щым и деи ар дунейр псык1э къута лъэхэнэм епхауэ я 1уэры1уатэхэм хэтщ. Щыри Атлантидам епхауэ ябж. Щыри лъэпкъыжхэм я едэшхуэу ябж. Хиндхэ я Горгоныжь-Азтекхэ я Горгоныжь-Грекхэ я Горгоныжь Лъэпщ и 1ащэгъэр щэч хэмылъу, ада уадэ зэрихьэу джатэ защ1э ищ1ынратэкъым. Ар хъугъуэф1ыгъуэ псом щыгъуэзэт. Дыщэм, дыжыным, гъуаплъэм, гъущ1ым, дзэхум, дзырхьым адрейхэми. Амэрикэ къурытым дэнэ щ1ып1э Нарт Лъэпщ и лъэгъуэм дыщыхуэзэмэ абдейжыр е дыщэм е дыжыным е гъуэплъэм е жэзым е дзырхъым е дзэхум е адрей хъугъуэ фыгъуэхэм и зы сентыру дыщыхуозэр. Толтэк-Азтэкхэм я хэгъaгуми апхуэдэщ. Азтэкхэ гъуаплъэм йопщэ. Иджыри ахуэдэу щытщ. Азтэкхэми ахэм нахърэ нахъ пэсэрейуэ щыт Толтэкхэми я 1уэры1уатэхэм я мифхэм (я хъищэм) къыхэщ Кетцалькоатль зиц1э тхьэпэлъытэр мы ищхьэм и ц1эхэр къадбжа хъугъуэфыгъуэ псом и щ1эныгъэр бгъэдэлъу зэгуэрт. Иджы а лъэпкъхэм мы хъугъуэф1ыгъуэхэм я щ1эныгъэр езыгъэц1ыхуари Кетцелькоатльрат. Адыгэбзэк1э жыт1эмэ Нарт Лъэпщырат. Нарт Лъэпщ щэч хэмылъу металургием ф1ы дыдэу щыгъуазэт Ар гъук1э закъуэтэкъым. [37] [26] Азтекхэ езыхэм я хэкужьым Азтлан к1э еджэхэрт. Азтлан псалъэм к1ик1ыр Къэмыл Хэку е Камылхэ я Хэку жи1ау аращ. Пасерей Мысырхэри езыхэм я хэкужь Дуат щхьэк1э Секет Аару жа1арти мы псалъэм къик1ри Камыл Хэку е Камылхэ я Хэкут. Мысырхэ я хэкужьыр Дуат е Секет Аарук1э еджэхэрт. Астекхэ я хэкужыр Азтланк1э еджхэрти Мысырхэм я хэкужьыми Астекхэм я хэкужьыми и нагъыщэхэри и ц1эхэри зэщхът зэтохуэрт. Т1ум и ц1эри Камылхэ я Хэкут.Лъэпкъит1ым я хэкужьри Кавказырат. Астекхэ я хэкужыр Азтланк1э еджхэрт Мысырхэм я хэкужыми Астекхэм я хэкужыми и нагъыщэхэр зэтохуэ. Т1ум и ц1эри Камылхэ я Хэкущ.Лъэпк1иты1м я хэкужыри Кавказырат. Лъэпщ и Нэгъуджэр Америка курытым щыпсэу лъэпкъхэр нахъыбэрэ къазыхутэр Журтхэмрэ Чыристан къахутак1уэхэмрэщ. Журтхэ я къарал Израил Америкэ курытым щыщ Индейцхэм граждан ярейт. Журтхэм къахутамк1э мы Индейцхэр Хенок зи ц1э пейгъэмбарым я бынхэщ. Ахуэдабзэуи Чыристанхэм щыщу Мормонк1э зэджэ гупыри къызэрейжэ лъэндэрэ Америка курытым щыпсэу лъэпкъхэр къэхутэу яхабзэщ. Мормон зи ц1э Чристан (уеблэмэ сектер) гупыр езы Амэрикаращ къыщыхъуар. 1830 гъэм утык1у къихьа мы гупым, езыхэм а гъэм ятхауэ зы Хьыбарыф1 (Библие) я1ащ. Ауэ Мормонхэ я Хьыбарыф1ыр адрейхэм хуэдэкъым. Ахэм я гугъэмк1э, Хьисэ ипэ 2200 рэ Хьисэ иуж 421 гъэхэм я зэхуакум Америка курытым пейгъэмбэрхэр щыпсауауэ щытащ. Мис мы Мормон Хьыбарыф1ри аращ зытехуэр.[27] Ик1ий абы лъэндэрэ Мормон гупсысэм тет чылысэм епха аркеологхэр Америка курытым я лъэпкъхэр къахутэр. Аращи дэ Нарт Лъэпщ и лъэужщ щыжыт1а Кецалкоатл (Къукулкан-Виракоча) теухуауэ гъэщ1эгъуэн гуэрхэр къагъуэтахэщ. Кецталкоатл и сурэтыр езы Азтэкхэм ищ1амк1э жак1э тейту и нэгум зыкъом фэлъ1у аращ. Кецталкоатл Мормон аркаологхэм къызэратхутамк1э Кецалкоатл и нэгум маск гуэр 1улъщ, зы нэгъуджеи тетыжу. Кецалкоатл и сурэтыр зытет мывэ ц1ык1ухэм ф1у уеплъмэ и нэгъуджэр нахъ къыхощ. Кецалкоатл-Нарт Лъэпщ и Нэгъуджэр[28] Лъэпщ и Нэгъуджэр[29] Ауэ 1уэхур нахри гъэщ1эгъуэн зыщ1ыр Азтэкхэми Маяхэми ямейуэ, гъэ мин аджэ ипэ ящ1ауэ, ауэ зыщ1ари дымыщ1э мывэ гуэрхэм ящ1ы1уми Кецалкоатл и сурэтыр къагъуэтаращ, ахэми нэгъуджэ 1улъщ ик1ий жьак1э тетщ. Нэгъуджэр уеблэмэ оптикым и щ1эныгъэр пасэ лъэхьанэхэм дей Кавказым къыщейжьауэ етх Фэссэндэн, ауэ пыухик1ауэ тепсэлъыхкъым. Нарт Лъэпщ и Нэгъуджэмрэ и маскымрэ Нарт Лъэпщ-Кецалкоатл и нэгъуджэр 1улъу (Мая) ....[30] [1]Феплъ:https://wn.com/arthur_posnansky... https://en.wikipedia.org/wiki/Arthur_Posnansky... [2] Феплъ: http://www.atlantisbolivia.org/atlantisboliviapart4.htm [3] Феплъ: Zecharia Sitchin, The Lost Realms. Avon Books Inc. [4] Феплъ: Aytek Namitok, Çerkeslerin Kökeni II, s. 129-131. [5]Феплъ: Zecharia Sitchin, The Lost Realms. Avon Books Inc. [6] Ти1аху1анако и ныбжым теухуа псалъэ макхэм щхьэ феплъ: The Lost Realms. [7] Феплъ: Aytek Namitok, Çerkeslerin Kökeni II. [8] Феплъ: Френк Коллин, Survivos of Atlantis. [9] https://www.youtube.com/watch?v=y3Bl5xyci5Y [10] https://www.youtube.com/watch?v=mjEFxguk5ko [11] https://www.youtube.com/watch?v=rDvJeloh7Es [12] http://copperculture.homestead.com/ [13]Феплъ: E. A. Wallis Budge, The God of The Egyptians. http://www.etana.org/sites/default/files/coretexts/20625.pdf [14] Нарт Сетеней уадэ ищ1ар, Феплъ: Нартхэр, Налщык, 1954. [15] Феплъ: Platon: Kritias. [16]http://dlia.ir/Scientific/e_book/Geography_Anthropology_Recreation/GN_Anthropology_/GN_700_890_Prehistoric_Archaeology_/001803.pdf [17] Феплъ: Френк Коллин, Survivors of Atlantis: Their Impact on World Culture. [18] Феплъ: Балкъэр Селчук, Нартхэр Нетерхер Ануннакихэр, Истанбул, 2005. [19] Феплъ: Джеймс Чёрчвард, The Children of Mu (1931). [21] Феплъ: Аytek Namitok, Çerkeslerin Kökeni I. KAF-DAV Yayınları. [22] http://www.kafkasevi.com/index.php/article/detail/442 [23] Феплъ: Zecharia Sitchin, The Lost Realms. Avon Books Inc. [24] Мы 1уэры1уатэм версие гуэрхэри щы1ащ. Феплъ: Zecharia Sitchin, The Lost Realms. Avon Books Inc. [25] Феплъ: Zecharia Sitchin, The Lost Realms-( Забытые Королевства ) Avon Books Inc. [26] Мыр езы Нарт Лъэпщ и текстхэми кууэ къыхощ1. Нарт лъэпщ гъущ1ымрэ жырым ипэ адрей хъугъуэф1ыгъуэхэм яужь итт. Лъэпщ уадэ хуэныкъуэ щыхъуар, гъущ1ыр иц1ыхуу абы жыр къигъэк1ин хуей щ1эхуэ лъэхъэнэрауэ къыщ1эк1ынущ. Апщ1ондэху уадэ зэрыхуэмыныкъуар нахуэщ. Дыщэм е дыжыным е джэхум щхьэ уадэ ухуэныкъуэкъым мы хугъуэ ф1ыгъуэхэр щабэщи. Ахэр 1эк1э зепхьэ хунущ. Езы Нарт Лъэпщ и текстыми мыпхуэдэщ итыр. Ар 1э защ1эк1э адрей хъугъуэ фыгъуэ псоми лъэ иритыфт. Ауэ гъущ1ыр къежьа нэужь Нарт Лъэпщ уадэм хуэныкъуэ хъуат. Гъук1эныр гугът гъущ1ыр быдэти. К1эщ1у жыт1эмэ Нарт лъэпщ япэрауэ дыщэмрэ дыжыным гъуэплъэм хуэдэ хъугъуэ ф1ыгъуэ щабэхэм телэжыхьт. Дуней псом ц1ыхухэм япэ яц1ыхуа хъугъуэ фыгъуэр дыщэрат. [27]https://www.lds.org/bc/content/shared/content/turkish/pdf/language-materials/34406_tur.pdf?lang [28] http://stepbystep.alancminer.com/omni [29] http://stepbystep.alancminer.com/mosiah_28 [30] http://www.famsi.org/research/pohl/jpcodices/bodley/bod13.jpg
| ||||||||||||
Yorumlar | ||||||||||||
Henüz yorum yapılmamış. İlk yorumu yapmak için tıklayın | ||||||||||||
Yazarın diğer yazıları | ||||||||||||
Нарт Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - I - 01/12/2016 | ||||||||||||
Гъэщ1эгъуэнращи нобэ къасыху Кассит-Урарту-Хьаттихэм я Тещупк1э зэджэ тхьэпэлъытэр ди Нарт Сосрыкъуэу щытам зыми гу лъитакъым. Касситхэм Тещуп псалъэм крагъэк1ир Жьыбгъэ Кьезгъэпщэ жи1у аращ. | ||||||||||||
УСЭНШЭУ ДЫКЪАНЭМЭ! - 09/10/2016 | ||||||||||||
Ди хэку дахэр, си уорейда ПщIэ имыIэу дгъэкIуэдай, ДызгъэкIуэдам, си уорейда КIуэдыкIейри къыхукIуэ. | ||||||||||||
Bugün Ben Mutlu Bir İnsanım! - 02/06/2015 | ||||||||||||
Keşke Çerkes halkının yoğun olarak yaşadığı diğer illerden de adaylarımız olabilseydi. Ama o da olacak yakında. Buna eminim. Bu adı geçen illerde adaylarımızın Çerkes halkı tarafından benimsendiğini görmek beni herşeyden çok mutlu ediyor. | ||||||||||||
Heredot Cevdet, Recep Tayip Erdoğan ve Ahmet Duvutoğlu! - 22/05/2015 | ||||||||||||
Cumhurbaşkanımız Putin'in Ermeni Soykırımını resmen tanıyor olmasına, “Putin'e darıldım!” diyerek karşılık vermişti. Demek ki cidden çok darılmış olacak ki daha kendisine gelememiş. | ||||||||||||
Gerekeni Gerektiği Zaman Yapmak; Ya da Labedeslerin Kaderi! - 12/05/2015 | ||||||||||||
2015 Genel seçimlerine 25 gün falan kaldı. Bahaneler ve gerçekler arasındaki birçok Çerkes bu seçimde ÇDP’nin bağımsız Çerkes adaylarını mı destekleyecek; yoksa en rasyonal bahanenin arkasına mı saklanacak. | ||||||||||||
Uzunyayla'nın Son Klasik Kuşağı Hareketleniyor - 01/05/2015 | ||||||||||||
Kendi kişisel kurtuluşunu elde etmekle yetinmeyen, halkına geri dönen bir kuşak bu kuşak. Köy köy gezen, kendi insanına şehirlerde kasabalarda ve ilçelerde ulaşmaya çalışan bu insanlar birlikte başarabilmenin imkanlarını arıyorlar. | ||||||||||||
Kronik bir Aydın Hastalığı Olarak : Sözlük ve Alfabe -I- - 26/04/2015 | ||||||||||||
Sözlük ve alfabe hazırlamak ve bunun üzerinden kendini gerçekleştirmek Tanzimat döneminden kalma bir aydın saplantısıdır | ||||||||||||
Boyunun Ölçüsünü Vermekten Korkmak! - 20/04/2015 | ||||||||||||
Orta yere çıkmak, boyunun ölçüsünü vermek ve alınan ölçüyü de bilmek zorunda olduğumuz bir yerdeyiz artık. Yani artık eskisi gibi iktidar ya da muhalefet partisinde es kazara bir iki Çerkes milletvekili var diye bu işten sıyrılmak mümkün değil. | ||||||||||||
Kurban Olduğum Allah Veriyor Verdikçe! - 11/04/2015 | ||||||||||||
Şimdi Çerkes halkı, AKP'nin ya da başka bir partinin kendilerini umursamadığını anladığına göre, bir manileri yoksa bundan sonra sık sık çaylarını içmeye gideceğiz. | ||||||||||||
Devamı | ||||||||||||