• https://www.facebook.com/%C3%87erkes-Haklari-Inisiyatifi-1720870914808523/
  • https://twitter.com/CerkesHaklari
Ziyaret Bilgileri
Aktif Ziyaretçi14
Bugün Toplam297
Toplam Ziyaret1062288
Döviz Bilgileri
AlışSatış
Dolar34.440034.5781
Euro35.959736.1038
Semerkew
Balkar Selçuk
selcuk@ozgurcerkes.com
Нарт Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - I
01/12/2016

Пэублэмрэ Ди Еплъык1эмрэ:  Дэ Адыгэхэм Нартк1э дызэджэр щ1эныгъэл1хэм антропоморфикк1э еджэ хабзэщ. Пэсэрей лъэпкъыжьхэм нахъыбэр Нартхэм ф1ы дыдэу щыгъуэзэхэти езыхэм я анадэлъхубзэк1э Нартхэм ц1э ф1ащауэ щытащ. Уеблэмэ пэсэрей лъэпкъхэм нартхэм ц1эуэ ф1ащар мыхэрат:

Шумэрхэ

Мысырхэ

Журтхэ

Адыгэхэ

Куртхэ

Хитихэ

Ануннаки

Нетер

Нефилим

Нарт-Нат

Кава

Щиу

Нартхэр математикэм ит бжыгъэхэм хуэдэхэщ. Лъэпкъ къас и ц1эм зихьуэк1ми езыхэр зихъуэк1-зихъуэжтэкъым. Псалъэм п1апщ1э дэ Адыгэхэм -1-к1э зэрытх бжыгъэр -зы-к1э доджэ. Ауэ Урысхэр абы -один- жа1э Тыркухэми -бир- жа1э. И ц1эм дэплъмэ зыри зытехуэкъым ещхъкъым. Ауэ матэматикэр, бжыгъэхэр зыщ1э дэтхэнэми ф1ы дыдэу ещ1эри Адыгэм -зы-, Урысхэм -один-,Туркхэм -бир-к1э зэджэу щыт бжыгъэр -1- к1э зэратх бжыгъэращ. Ат1э Нартхэри матэматикэм ит бжыгъэхэм хуэдэхэщ. Лъэпк къас и ц1эр зэхъуэк1ми езыр зык1и зэхъуэк1къым.

Мис аращи ди Адыгэ Нарт 1уэры1уатэм и ц1эр хэт дэтхэнэ зы Нартыри бжыгъэхэм хуэдэу унивэрсалщи дыхуэсакъыурэ деплъмэ дэтхэнэ сисвилизасйоным (медениет) дэтхэнэ лъэпкъыжьым и 1уэры1уатэм и мифым е и диным дэтхэнэ Нартыр къыхэщми ар къадгъуэтыфынущ. Мы иджыпсту фызэджэну статяр зытеухуар Нартхэм щыщу Нарт Лъэпщыращ. Дэ Нарт лъэпщыр ищхьэм дыгъувауэ щыта еплъык1эм тету анализ тщ1ынурэ пэсэрей лъэпкъыжьхэм щыщу дэтхэнэхэм я миф, я диным къыхэщми ар къатхутэнущ.

 Нартологк1э зэджэ щ1эныгъэрылажьэхэр щы1ащ. Арама Нартоложи (Нартология) жыт1эуи зы щ1эныгъэ кудамэ щы1ан хуейщ. Аращи у нартологмэ дунейпсом и мифым дуней псом и мифым хэт антропоморфикхэм (Нартхэм) ущыгъуэзэн хуейщ. И ц1эр хуеймэ Нарт-Нат ирехъу хуеймэ Ануннаки ирехъу хуеймэ Нетер е Нефилым ирехъу псори матэматикэм хэт бжыгъэхэм хуэдэщ, псори зыщ. Аращи дэ ди Нарт 1уэры1уатэр дэ ди Нарт мифыр (хъищэр) зи1исыр къэтщ1энумэ дуней псом и 1уэры1уатэр зы 1уэры1уатэ закъуэу къатщтэн хъуейщ. Матэматикэр зы закъуэу зэрыщытым хуэдэу дуней псом и мифыри зы закъуэщ. Ар зытеухуари щ1эныгъэбзэк1э жыт1эмэ антропоморфикхэращ. Адыгэбзэк1э жыт1энумэ НАРТхэращ.

Совет лъэханэм лъэндэрэ Нарт 1уэры1уатэм бгъэдыхьэ пхэнжк1э зэрыбгъэдыхьэм и зэранк1э ди Нарт 1уэры1уатэм <Л1ыхъужь> 1уэры1уатэ ф1ащахэщ. Мыр пхэнжщ. Япэрауэ Нарт 1уэры1уатэр л1ыхъужьхэм щытепсэлъыхькъым тхьэпэлъытэхэм щ1эныгъэбзэк1э жыт1эмэ антропоморфикхэм топсэлъыхь. Ет1уанэрауэ Нарт 1уэры1уатэр уахэм (космос) епхащи козмикщ. Абы уахэ псор зыубыд системэр хэтщ (Хьарэмэ 1уащхьэр). Ещанэрауэ Нарт 1уэры1уатэм ескатологиери хэтщ (дуней къутэжыгъуэхэр). Еплъанэрауэ Нарт 1уэры1уатэм л1ыхъужьхэр зейк1 къыхэщкъым.

Зымыщ1эхэм я дей Нартхэр зауэл1 хъыжьэу л1ыхъужьу къащохъу. Ауэ дуней псом и 1уэры1уатэхэм стандарту хэт щ1эблэхэм гъунэгъуу бгъэдыхьэмэ Нартхэм зэрымыл1ыхъужыр къагуры1уэф мэхъу. Дуней псом и 1уэры1уатэм дей щ1эблэхэмрэ я чэзур дуней къытехьэгъуэр мыпхуэдэщ зэрырабжыр :

-Тхьэпэлъытэхэр (Иныжьхэмрэ Испихэмрэ Благъуэ Лъэпкъ Ф1ыц1эм игъусэу)

- Тхьэпэлъытэ Ныкъуэхэр е Л1ыхъужьхэр (Амазонхэм игъусэу)

- Ц1ыхухэр

Зы термин гуэру л1ыхъужь псалъэр миф образхэм ф1эпщыфыным и щхьэусыгъуэр мыращ: А обрзым аи анэр тхьэпэлъытэмэ и адэр ц1ыху е и ядэр тхьэпэлъытэмэ и анэр ц1ыхуу щытын хуейщ. Нарт 1уэры1уатэм мыпхуэдэ зы щ1эблэ къыхэщкъым. Пэжщ и янэр иныжьу е и янэр испиуэ Нарт гуэрхэр хэтщ. Ауэ Нартхэмрэ (антропоморфикхэмрэ) ц1ыхухэр зэрышауэ ахэм бын къалъхуауэ ди 1уэры1уатэм зы щ1ып1и хэткъым. Зымыщ1эхэм мы зи гугъ щытщ1ам зыри къыгуры1уэнукъым. Ауэ Мысырхэм я 1уэры1уатэми Грэкхэм я 1уэры1уатэми Шумэрхэ я 1уэры1уатэми мы зи гугъу тщ1ар стандартщ. Ди Нартологхэр мыбы гу лъэтатэкъыми тхьэпылъытэк1э зэджэ антропоморфик1эм нэгъуэщ1у жыт1эмэ ди Нартхэм зи1исыр къыгуырымы1уэу ягъэлъэп1эным яужь итахэщ. Дауи ирехъу зи1исыр къагурымы1уами Совет лъэхъанэм зыхуахьасэ ди Нарт текстхэм уасэ иакъым. Ди насыпти мы текстхэр нобэм къэсащ. Аращи дэ нобэ мы текстэх зи1исыр къатщ1эным яужь дитын хуещ.

Шумэр 1уэры1уатэм дей Гылгамэщк1э зэджэр л1ыхъужьщ. Абы и янэр ц1ыху лъэпкъым щыщщи. Грэк 1уэры1уатэм дей Геркулк1э зэджэр л1ыхъужщ и ядэр ц1ыху лъэпкъым щыщщи. Ауэ мыпхуэдэ образ гуэр ди Нарт 1уэры1уатэм хэткъым. Аращи ди Нарт 1уэры1уатэм л1ыхъужь 1уэры1уатэщ жып1эныр къек1уркъым. К1эщ1у жыт1энщи тхьэпэлъытэхэр л1ыхъужькъым нэмыщ1 гуэрщ. Мифым узэрыхуем хуэдэ ц1э ф1епщыну ухуиткъым. Абы и терминхэри ипкъым илъхэри дуней псом ящ1эу яц1ыху зэгуэрщ. Уи 1уэры1уатэр антропоморфикхэм теухуэхэрэ пэт уэ абы л1ыхъужь 1уэры1уатэ жып1эм1э абы к1ик1ыр уэ уи 1уэри1уатэр зи1ысыр къыбгурымы1уарэщ. Уеблэмэ Нарт 1уэры1уатэм ц1э ф1эпщыни щы1акъым. Нарт 1уэры1уатэр Нарт 1уэры1уатэщ апхуэдэуи щыррейт. Ар л1ыхъужь 1уэры1уатэкъым.

***

      Лъэпщ и Гъуэгуанэ К1ыхь: Нарт Лъэпщ Нартхэм я гъук1эщ. Ауэ гъук1эным имызакъуэу дыщэмрэ дыжьыными зэрепхар къыхощ езым теухуа текстхэм. Мыдэк1э Нартхэм Дэбэчрэ Хъудымыжь и ц1эу нэмыщ1 гъук1эхэри зэра1ар нахуэс. Дэбэч Нарт Лъэпщрэ Нарт Хъудымыжь нахърэ нэхъ жьыуэ къыхощ. Мыдэк1э Сэтэней теухуа текстхэм къызэрыхэщымк1э Нарт Лъэпщ Гъуазэ зи ц1э Нарт унагъуэм и ащэхэр ищ1у долъэгъу. Ауэ Албэчхэ я нысэ Нарт Брымбыху Лъэпщ и дей к1уэрейкъым ар зэгуэр хуэныкъуэмэ Нарт Хъудумыж идей к1уэрт. Нэгъуэщ1у жыт1эмэ Сосрыкъуэ и 1эщэхэр зыщ1ар Нарт Лъэпщмэ Т1от1эрэщ и 1эщэхэр зыщ1ари Нарт Хъудымыжьрат. Ауэ Нарт Хъудымыжьри Нартхэ я гъук1эу Адыдж гуажэ щыт Къургъутамэм псоууэ итщ Нарт Брымбыху 1уэри1уатэм..

Нарт Лъэпщ Нартхэм псом и гъук1эу щытми нахъыбэу Гъуазэ зи ц1э унагъуэмрэ ахэм епха Нартхэм я гъук1эт шэч хэмылъу. Нарт Лъэпщ зэрыгъук1эу щытар лъэныкъуэ къэдгъанэмэ абы и лъэхъэу гъэщ1эгъуэн гуэрхэри ныдолъэгъур. Мыхэр:

-Лъэпщ дуней псор къыщ1ик1ухьар

-Лъэпщрэ и щхьэгъусэ Жыг Гуащэмрэ

Лъэпщ дуней псор зэпэхъурейуэ къызэрик1ухьар итщ Нарт текстхэм. Лъэпщ хэкум, Кавказым ик1ыу дунейпсор къыщик1ухар Нарт 1уэры1уатэм итмэ адрей лъэпкъыжхэм я 1уэры1уатэхэми хэкум, Кавказым ик1у езыхэм я хэгъэгум къак1уауэ зы антропоморфик зы Нарт гуэрэм и хьыбарыр итын хуейщ.

Пэж дыдэуи пасэрей лъэпкъхэм щыщ куэдым я 1уэры1уатэм мыпхуэдэ зы гуэр хэтщ. Мысырхэмрэ курыт Америкем щыпсэу лъэпкъхэм я 1уэры1уатэхэм мыпхуэдэ зы гуэр къыхощ. Мысырхэм я мифхэм дыхэплъэжмэ Тнот зи ц1э тхьэпэлъытэр зы махуэ гуэр хамэ щ1ып1э гуэрэм къик1ыу Мысырым къызэрык1уар, абдей зыдыщыпсэуар, Мысырхэм сивилизасйон къазыхьар хэтщ я 1уэры1уатэхэм. Нахъ пэжу жыт1энумэ я миф я динхэм. Тхот хамэ щ1ып1э гуэрэм къик1ыу Мысырым сивилизосйон къихьауэ ябж езы Мысырхэм. Мысырхэм Тхот к1э зэджэр Грэкхэм Гермес Трисмегист к1э зэджэращ.   Адыгэ Нарт 1уэры1уатэм Нарт Лъэпщ и ц1эу хэтыр Грэкхэм Гермес Трисмэгист к1э еджэхэрт.

 Адыгэ Нарт 1уэры1уатэм Нарт Лъэпщ и ц1эу хэтыр Грэкхэм Гермес Трисмэгист к1э еджэхэрт.

 Адыгэ Нарт 1уэры1уатэм Нарт Лъэпщ и ц1эу хэтыр Пэрсхэм Заратуштрак1э еджэхэрт.[1]

 Езы Мысырхэм я текстхэм къызэрыхэщымк1э Мысырхэм тхьапэлъытэк1э ябжа Тхот хуэдэ антропоморфикхэри езы Тхотри Дуат к1э зэджэ хэкум щыпсэухэрт. Арати Ани зи ц1э папирусым хету Дуатк1э зэджэ щ1ып1эр щ1эныгъэлъхэм Хьадрихэу къалъытахэщ. Псом хуэмыдэу Ернест Алфрэд Воллис Бадж (1857-1934) хуэдэ щ1эныгъэл1хэр Дуат псалъэр Хьадрихэу къалъытахэщ. Ауэ 1923 гъэм, Мысырхэм Аник1э зэджэ папирусыр щ1эуэ еджа Реджинальд Обри Фессенден [2]  (1866-1932) The Deluged Civilization Of The Caucasus İsthmus зи ц1э тхылъым анализ ищ1ри Дуат к1э зэджэ щ1ып1эр Таман-Кубан-Терк-Сунджэ и зэхуаку дэт щ1ып1эрауэ къихутащ. Мыбы къик1ыр; и хэкур Дуат к1э зэджэ Тхот зи ц1э антропоморфикым и хэкужыр Кавказырауэ щытыращ.     

Мысырхэм Тхот к1э зэджэ тхьапэлъытэм (Нетерым) Шумэрхэри щыгъуэзэхэт. Щ1эныгъэл1хэм пасэм гу къалъытауэ щытат: Мысырхэм Тхот к1э зэджэ антропоморфикым Шумэрхэм Нинигищзида к1э зэреджэм.[3] Гъэщ1эгъуэнуращи Мысырхэр Тхот и хэкур Хьадрихэу къызэралъытэм хуэду Шумэрхэми Нинигишзида и псэуп1эр Хьадрихэу кьалъытэрт. Мысырхэм Дуат к1э зэджэ хьадрихэм Шумэрхэм Къур к1э еджэ хабзэт. Реджинальд Обри Фэссэндэн зэрытхамк1э Мысырхэм и Дуат ри Шумерхэм и Къур ри Кавказыращ. Мысырхэ Дуат щхьэк1э Нетер Керт к1э еджэжхэрт. Аращи Нарт 1уэры1уатэм дунейр къик1ухьу щытлъэгъу Нарт Лъэпщыр Мысырым Тхот, Шумэрм Нингищзида Персхэм Заратущтра Грекхэми Гермес Тристегист и ц1эу къац1ыхухэт.

Нетер Тхот-Нарт Лъэпщ (Тхот и ц1эхэм щыщ зыри Щепс рат.) [4]

 Мысырхэм Тхот зи ц1э антропоморфикыр зэзэмызэ номин формэм иту ятхт.

 Индо Авропей лъэпкъыу щыт Хиндхэр езыхэм я 1уэры1уатэр нахъыбэрэ Индус-Хьараппа хуэдэ мы Индо-Афропей лъэпкхэм я 1уэры1уатэхэм къытырахауэ щытащ. Аращи зи1исыр ямыщ1эу образ гуэрхэри нобэм къасыху яхъумауэ щытащ. Хиндхэр нобэм къасыху зи1исыр ямыщ1эу Нарт Лъэпщ-Нетер Тхот и образыр номин формэм иту яхъумахэщ.

 Хиндхэм я Рамаяна[5]  зи ц1э 1уэры1уатэм хэт Хануман к1э зэджэ образыр Нарт Лъэпщ-Нетер Тхот ращ.

Нарт Лъэпщрэ Нетер Тхотрэ Адрейхэмрэ

И хэкум ик1ыу дуней псор хъурейуэ къызэрик1ухар езыхэм я 1уэры1уатэхэм къыхэщ Нарт Лъэпщрэ Нетер Тхот и текстхэр анализ дымыщ1 ипэ мыр жы1апхъэщ: Езы Шумэрхэри дэ ди Нарт Лъэпщ хуэдэу е Мысырхэм я Нетер Тхот хуэдэу зы антропоморфик я1эти абы Нингишзида к1э еджэхэрт. Щ1эныгъэл1хэм Нетер Тхотрэ Шумэрхэ я Ануннакихэм щыщ Нингищзидар зэрызэщхьым гу къалъыта нэужь нэмыщ1 гъэщ1эгъуэн гуэрми гу лъатахэщ.

Дыгъэрэпс Амэрикэм щыпсэу Инкахэм я мифым хэт Виракоча[6] зи ц1э тхьэпэлъытэр Мысырхэм Нетер Тхот к1э, Шумэрхэм Нингишзида к1э зэджэ антропоморфикрат. Куэд щ1ащ къахутак1уэхэм мыбы гу зэралъытэрэ. Гъэщ1эгъуэнуращи  Инкахэм Виракоча к1э зэджа антропоморфикым щхъэ Мая зи ц1э къурыт Амэрикам псэу лъэпкхэр Кукулькан к1э еджэхэрти Азтек зи ц1э адрей къурыт Амэрикэ лъэпкъхэми Кетцалькоатль к1э еджэхэрт. Телъыджэм я нахъ телъыджэжри мыращ: Инкахэм я Виракоча-ри Маяхэм я Кукулькан-ри Азтекхэм я Кетцалькоатль-ри зы махуэ гуэр зы хамэ хэкум ик1у мы и ц1эхэр къадбжа лъэпкъхэм я дей мак1уэри ахэм сивилизасйон къахуехыр. Нахъ гъэщ1эгъуэныри мыращ; мы лъэпкъищым я 1уэры1уатэм хэт мы тхьэпэлъытищри нащхъуэу сырыхуу жьак1э тету жа1ар. Ауэ мы лъэпкъищми жьак1э къатек1къым.

Ещанэу гъэщ1эгъуэну хэлъыр мыращ: Шумэрхэ я Ануннаки Нинигишзида и нагъыщэр (символыр) блит1 зэблэдзарат.

Шумэрхэ я Хьадрихэм псэууэ я гугъэ Нингишзида зи ц1э Ануннаким и нагъыщэр мы блит1 зэблэдзарат.

Мыбдейж дигу къадгъак1ыжын хуейщи блит зэблэдзар ди Нарт 1уэры1уатэм Нарт Лъэпщ и текстыращ къызыхэщыр.[7]  Модэк1э и ц1эхэр къат1уа Америкэ лъэпкъыжьхэм я миф псоми и гугъ щытщ1а антропоморфикхэм я нагъыщэхэр блэм епхащ.

1уэры1уатэхэм Къызэрыхэщымк1э Нарт Лъэпщ зи ц1э антропоморфикым адрей лъэпкъыжхэм зэреджэу щытар.

Мысырхэ я 1уэры1уатэм

Шумэрхэ я 1уэры1уатэм

Инкахэ я 1уэры1уатэм

Маяхэ я 1уэры1уатэм

Азтекхэ я 1уэры1уатэм

Нетер Тхот

Ануннаки Нингищзида

Виракоча

Кукулькан

Кетцалькоатль

Палэнк1уэхэ я 1уэры1уатэм

Хиндхэ я 1уэры1уатэм

Грэкхэ я 1уэры1уатэм

Римхэ я 1уэры1уатэм

Персхэ я 1уэры1уатэм

Вотан

Хануман

Гермес Трисмэгист

Меркур

Заратуштра


 Нарт лъэпщ-Виракоча блит и1ыгъу(Инка). [8]

   

 












Кукулькан(Мая) Блэ формэм иту-Блэ гуэр и1ыгъу Кетцалькоатль (Азтэк) [9]

Нарт Лъэпщ Жыг Гуащэ- Нетер Тхот Сещэта Сымэ

Нарт Лъэпщ Нарт псом зыхуейр хуигъэзауэ джатэ сыхуейс жызы1ам джатэ хуищ1ауэ, шэмэдж зыхуейм шэмэдж хуищ1ауэ, 1уэху езыгъащ1у, ищ1эн щымгъуэтым ар гъуэгуанэ к1ихым игъак1уэу дуней псор къезыгъэк1ухьар Нарт Сетенейращ. Нарт Сетеней и гупсысэщ Нарт Лъэпщ дуней псор къик1ухьу, лъэпкъыу щы1ам зэрыгъэц1ыхун зэрыхуер. Арати Нарт Лъэпщ мы унафэм тету, гъуэгу темыхьэ ипэк1э гъуэгур нахъ псынщ1эу зэпичын щхьэ 1эмэ псымэ гуэрхэр ищ1ащ. Текстым зэритымк1э зы гъущ1 башрэ зы гъущ1 вакъэ ищ1ати ахэр къыгъэсэбэпурэ зы мазэ зи жыжагъ гъуэгур зы махуэм к1уэфырт.

Зыдэк1уэм Нарт Лъэпщ Жыг Гуащэм хуэзэри абы и дэхагъэм щыдихьэхым зэрыгъуэтыжахэщ. Арати Жыг Гуащэ Нарт Лъэпщыр игъэк1уэн хуэмей щыхъум:

Жыг Гуащэр ди Нарт 1уэры1уатэм къызэрыхэщым хуэдэбзэу Мысырхэ я 1уэры1уатэми къыхэщырт. Мысырхэ Персея зи ц1э жыгыр Гъэщ1э Жыгъуэ калъытэхэрт. Езы Мысырхэ езыхэм я Жыг Гуащэри Хатхор к1э еджэхэрт. Ит1анэ езыхэм я Жыг Гуащэм щ1ыхыщуэ хуащт ик1ий и сурэтыри ящ1т ик1ий зырахьэхэрт.


      

 Мысырхэм я Жыг Гуащэ Хатхор- Мысырхэ я Гъэщ1э Жыг Персеямрэ.

Ауэ Мысырхэ я Жыг Гуащэ Нетер Хатхор жьы дыдэу жьыт. Арати зэман блэк1ам Жыгымрэ абы епха щ1эныгъэм зэгъусэу нэмыщ1 зы Нетер ц1ыхубз гуэри утыку къихьат. Ар Нетер Сешатаратт. Уеблэмэ Жыг Гуащэм и тхьа1ухудхэм щыщ гуэрт. Нетер Сещэта икъук1э телъыджэт. Ар Мысырхэ Нетер Тхот и щхьэгъусэт. Ниги Нетер Тхот нахърэ нахъ 1ущт ик1ий нахъ щ1эныгъэ быгъэдэлът.

 Нетер Сещэта Нетер Тхот и щхьэгъусэт ниги вагъуэхэм я щ1эныгъэ псом щыгъуэзэт.Уеблэмэ Нетер Тхот нахърэ нахъ щ1эныгъэ бгъэдэлът. Нарт Лъэпщ и текстхэм къыхэщ Жыг Гуащэ, Нарт Лъэпщ нахърэ нахъ 1ущу, ик1ий щ1эныгъэ куэд бгъэдэлъу итщ Нарт текстхэм.

                               

Нетер Сещэта. Карэндащк1э вагъуэхэм я щ1эныгъэр етх. Сещэта псалъэм къик1ыр Вагъуэзэщиблщ.Абы къыхэк1ыуи ар вагъуэ псом и щ1эныгъэм щыгъуэзэт ик1ий езым и нагъыщэри ищхьэм тейт бзибл зытейт вагъуэт.

Нарт Лъэпщрэ Жыг Гуащэм зы къуэ къэгъуэтат. Аращи Лъэпщ и гъуэгуэнэр щиуху къыщигъэзэжам щыгъуэ Жыг Гуащэ къуэ къилъхуар Лъэпщ иритащ:

 Жыг Гуащэр вагъуэхэм ф1ы дыдэу зэрыщыгъуэзэм хуэдэу къуэ къилъуари нэсыри къасыжауэ щ1эныгъэ бгъэдэлът. Т1ури уахэм, уэгум вагъуэхэм щыгъуэзэхэт.Мыр ищхьэм фызэджэ текстыми къыхощ. Нарт Лъэпщ Мысыр щык1уэм абы Нетер Тхот к1э еджэхэрт. Мысырхэ я архивхэм зэрыхэтымк1э Нетер Тхот и щхьэгъусэр Нетер Сещэта и ц1эт. Нетер Сещэта уахэм, уэгум вагъуэхэм я щ1эныгъэр ихъумэу псэуащ. Нетер Сещэта и сурэтыр дапщэ ящ1ами и 1эм зы карэндащрэ и щхьэм зы вагъуэ тету ящ1 хабзэт Мысырхэм.

 Нарт Лъэпщрэ Жыг Гуащэрэ зы щ1алэ зэрызрагъуэтам хуэду Нетер Тхотрэ Нетер Сещэтами зы къуэ я1эу къыхагъэщ. Щэч хэмылъу мы къуэр Фираун гуэрт. Фираунхэм езыхэр Нетерхэм я быныжу забжт.

 Шумэр 1уэры1уатэм Жыг Гуащэ Нинхурсаг и 1эблэм саби тесу Гъэщ1э Жыгым и лъэбжэм щ1эсу.

Нарт 1уэры1уатэм къыхэщ и лъэбжьэр щ1ым и гъунэхэм нэсу и тхьэмпэхэр уафэм лъэ1эсу щыт жыгыр щэч хэмылъу Гъэщ1э Жыгк1э зэджэ жыграт. Лъэпк нахъ пасэрейхэм я мифми я диными мы Гъэщ1э Жыгыр хэтщ абы щымыгъуазэ пасэрей лъэпкъ къагъуэтыгъуейщ.

           

 Азтекхэм я Гъэщ1э Жыг- Маяхэм я Гъэщ1э Жыг

 

 Олмэк зи ц1э Амэрикэ лъэпкъым я Гъэщ1э Жыг

 

Асурхэ я Гъэщ1э Жыг-Урартухэм я Гъэщ1э Жыг-Хититхэм я Гъэщ1э Жыг


 Бабилхэм я Гъэщ1э Жыг.

Дыбжым: Нетер Тхот, Нетер Сещэта, Жыг Гуащэ

Адыгэ  Нарт 1уэры1уатэм ит Нарт Лъэпщымрэ Жыг Гуащэм Мысырхэм я Нетер Тхотымрэ Нетер Сещэтау щытар нахуэщ. Нарт Лъэпщри Нетер Тхотри езы и хэкужьым ик1ыу дуней псор къик1ухьауэ щытат. Ет1уанэрауэ нартхэ я Жыг Гуащэри Мысырхэ я Сещэтари вагъуэм, уахэм, уэгум и щ1эныгъэр ф1ы дыдэу иц1ыхуу щытат. Т1ури я щхьэгъусэхэм нахърэ нахъ 1ущхэт ик1ий щ1эныгъэ нахъ куу ябгъэдэлът.

Мысырхэм Тхотк1э зэджэ Нетерым щхьэ Шумэрхэм Нингищзидак1э[10]   зэреджэм и гугъ тщ1ауэ щытащ. Ат1э Мысырхэм Сещэтак1э зэджэ Нетерым щхьэк1и Шумэрхэм Нисаба жа1эу щытащ.

                         

 Щумэрхэ Нисаба теухуа таблэт.Таблэтым мазэ ныкъуэ и1ыгъщ Нисаба. Мыдэк1э Мысырхэ я Сещэтами мазэ ныкъуэр и щхьэм тейтщ. Т1ури бжыгъэк1э блым (7) епхат. Т1ури матэматикэм, астрономиям, тхэным, архитэктурэм я тепщэщ. [11]

 Лъэпщ и 1эмэпсымэхэр: Гъущ1 Башрэ Гъущ1 Вакъэрэ

Нарт лъэпщ мы зи гугъ тщ1а гуэгуанэм щытехьэным щыгъуэ 1эмэпсымэу т1у ищ1ауэ щытащ. Мыхэр зы гъущ1 башрэ зы гъущ1 вакъэрэт. Телъыджэр аращи мыхэр и1ягъэк1э Лъэпщ зы мазэ и к1ыхьагъ гъуэгур зы махуэм к1уэфырт. Арамэ мы 1эмэпсымэхэр гъущ1 защ1эм къамынэу, лъэк1иныгъэ нэгъуэщ1 гуэрхэри и1эу къыщ1эк1ынт. Щхьэ жып1эм гъущ1ым ф1эк1а хэлъ имы1амэ башыр п1ыгъынрэ вак1эр щыпт1эгъэн ф1эк1а къыпщхьэпэнукъым. Ауэ езы текстым дэ къыджи1ар мыращ: Лъэпщ гъущ1 башыр къищтэу гъущ1 вакъэр щит1агъэмэ зы мазэ гуэгур зы махуэм к1уэрт.

Зэрыгыры1уэгъуэщи мы вакъэри мы башыри хулъэк1иныгъэ и1ау зы къару гуэр хэлъти зейм и зейк1уэныр игъэк1эщ1ырт. Ауэ дэтхэнэ 1эмэпсымэрат мыпхуэдэ къару зыхэлъыр? Вакъэра хьамэрэ бышыра? Лъэпщ теухуа текстхэм нахъ сакъуу деплъмэ Лъэпщ къару къыхилъхьэу зы мазэ зи к1ыхьагъ гъуэгур зы махуэм зыгъак1уэр абы и гъущ1 вакъэхэрат. Нахъ пэжу жыт1эмэ Лъэпщ и лъэкъуит1ыр зэпыча нэужь зыхуищ1ыжа гъущ1 лъэкъуэхэрат .[12] Мыпхуэдэу зи гъуэгур зыгъэк1эщ1ыф вакъэ гуэрэр щызт1агъар Грэк 1уэры1уатэм хэт Гермесращ.

                                        

 Гермэс и вакъэхэм дамэ тету ирагъэлъэгъум и щхьэусыгъуэр зэрылъэтэфырат.

Лъэпщ и гъущ1 вакъэм дамэ тету къыхэщкъым къыхэщыни хуейкъым ар зыщит1агъэмэ и гъуэгур зригъэк1эщ1ар дощ1э. Мыдэк1э Лъэпщми Гермес и1ыгъэм хуэдэу зы баш и1ыгът. Лъэпщ и вакъэм и лъэк1ыныгъэк1э зыдэк1уэнум нахъ псынщ1эу нэсмэ и1ыгъауэ щыта башыр сытк1эт къызэрыщхьэпэр? Къэхутак1уэхэм зэрыжа1амк1э мы 1эмэпсымэр уздэк1уэну щ1ып1эм уимыгъэгъуащэу уишэу зы 1эмэпсымэт. [13]   Мыр пэжу къыщ1эк1ынущ. Щхьэ жып1эм Нартхэр Нарт Ашэмэз я пашэу уэгум ихьэу Благъуэр яук1ыну щык1уэм, Нарт Сосрыкъуэ гъуэгум къыздэк1уэн Нарт къас зы гъущ1 башрэ зы гъущ1 вакъэ яхуигуэшауэ щытащ. [14]  А гупыр уэгум-уахэм зэрыхэхьар езы нарт 1уэры1уатэм хэтщ. Арамэ Нарт Сосрыкъуэм ахэм яхуигуэща гъущ1 вакъэмрэ гъущ1 башыр лъэтэнымрэ зытетын гъуэгур къигъуэтыным къыщхьэпэнут жыт1эфынущ.

Мыбы гъэщ1эгъуэну нэмыщ1 гуэри щы1ащ: Нарт Сосрыкъуэ езыр Гъуэзэхэм и къуэщ. Езыри гъуэзэ азэщ. Ар хэмыту Нартхэр гъуэгу къытехьэмэ хэгъуэщэхэрт.[15] Арат уэгум ихьэу уахэм блэгъуэр яук1ину гъуэгу зыдежьа Нартхэм мы 1эмапсымэхэр щ1ыхуигуэщар.

Лъэпщ и Гъуэгуанэ К1ыхьым Хуэза Лъэпкыжьхэмрэ я Хэгъэгухэмрэ:

Нарт Лъэпщрэ Инкахэмрэ[16] :

Инка лъэпкъыр дыщэм нэмыщ1 хъугъуэф1ыгуъэ яц1ыхутэкъым.  Езыхэм зэрыжа1эмк1э дыщэр езыхэм я тхьэпэлъытэшхуэ Виракоча ейуэ къалъытэхэрт. Нарт Лъэпщ и бжэ1упэм тес блит1 зэблэдзар абий и символуи щытащ.

Инкахэ я Виракоча зи ц1э тхьапэлъытэм и нагъыщэ блит зэблэдза

Амэрикэ курытым щыпсэу Маяхэ я Кукулькан зи ц1э тхьэпэлъытэмрэ Азтекхэ я тхьэпэлъытэ Кетцалькоатль хуэдабзэ Инкахэ я тхьэпэлъытэ Виракоча ри жьак1э тету сырыхуу нэрыбгэ гуэрт. Дыщэм и щ1эныгъэр Инкахэм къазыхьар арат. Ик1ий нэхъ телъыджэр мырат. Инкахэ тхьэпэлъытэшхуэу къалъыта Виракочар зы махуэ гуэр хамэ щ1ып1эм къик1ыу къак1уат.Ар езыр хамэт.Нобэрей Пэру рэ Боливя зи ц1э хэгъэгухэм псоми Виракоча и 1эщ1агъэ мывэ къалэхэр калэндархэр къыщагъуэтахэщ.

Анд зи ц1э къуршхэм псэу лъэпкъыжхэм я мифхэр къахутэ щ1эныгъэлъхэм куэд дэмык1ыу гу лъатэхэщ Инка лъэпкъыр а хэгъэгум иужьк1э къак1уауэ зэрыщытым. Абдей нэхъ лъэпкъыжьу щытари Виракоча и 1уэры1уатэхэр зыхъумэжа Аймара зи ц1э нахъ пэсэрей лъэпкъыжьхэрат.

Ауэ Аймара[17] лъэпкъыри Виракоча зиц1э тхьапэлъытэр хамэ хэку къик1ам ф1ы дыдэу щыгъуазэхэт. Арати щ1эныгъэл1хэр 1уэху ящ1ри хамэ хэку ик1ыу Амэрикэ дыгъэрэпсым къак1уа Виракоча зи ц1э тхьэпэлъытэм зытригъува къалэхэмрэ калэндархэм я картар ящ1ахэщ.

             

 Нарт Лъэпщ-Виракоча зэтыригъува къалэхэр[18]

Нарт Лъэпщ Виракоча и ц1эу Амэрикэ дыгъэрэпсым зытригъува къалэхэмрэ калэндархэм дытемыпсэлъыхь ипэ Инка-Аймара лъэпкъым я 1уэры1уатэхэм ит Иныжь образхэмрэ Нарт 1уэры1уатэм ит Иныжь образхэр зэрызэщхыркъабзэр жы1апхъэщ. Нарт 1уэры1уатэми, Инка-Аймара лъэпкъхэм я 1уэры1уатэхэми, иныжьхэр ахэм я гъунапкъэм щысу ятеуэурэ къэхъунщ1эу ахэм я ц1ыхубзхэр яф1ытрахыу итщ.[19] Мы образыр Нарт Куийц1ык1у и темахэм ит иныжьхэм теухуа хъыбархэм ещхъыркъабзэщ. Ауэ дэ мы статям Нарт Лъэпщ нэмыщ1 образым и гугъу щытщ1ынукъум. Аращи Къуийц1ык1у зи1исыр нэмыщ1 зы лэжьыгъэм къыхуренэ.

Инка-Аймарахэм я 1уэры1уатэм ит Иныжхэр нэмыщ1 лъэнык1уэк1и Нарт 1уэры1уатэм ит Иныжьхэм ещхьыркъабзэхэщ. 1Уэры1утит1ым хэт иныжьхэри лэжак1уэфхэщ. Мытк1э нобэрей Перурэ Боливя зиц1э хэгъэгухэм къыщагъуэта блынджабэ инышхуэхэри абдей щы1э мывэ къалэ инышхуэхэри зы жэщ-махуэм изык1уэц1ым иныжьхэм ящ1ауэ хэтщ я 1уэры1уатэхэм. Нобэрей текникак1э мы мывэшхуэк1э ящ1э къалэхэмрэ былынджабэхэм Киклобик(Иныж 1ащ1эгъэ) жа1эу я хабзэщ.

Инка-Аймара лъэпкъхэм я 1уэры1уатэхэм зэритымк1э Иныжьхэм зы жэщ-махуэм ящ1ащ блынджабэхэр.

Нарт Лъэпщ дуней псор къыщ1ик1ухьар ди Нарт 1уэры1уатэм зэрыхэтым хуэдэу Инка-Аймара[20] лъэпкъхэм я 1уэры1уатэхэми Вирачока зи ц1э тхьэпэлъытэр и хэкужьым ик1ыу езыхэм я хэгъэгум къызэрык1уэр хэтщ. Щ1эныгъэрылажьэ Maria Schulten de D'Ebneth гу зэрилъытэу La Rute Wirakоcha (Виракоча и Гъуэгу) [21] зи ц1э тхылъым иритхъа картэм тет къалэ къас а къалэм и хьыбарымрэ Нарт 1уэры1уатэм итхэр зыбгъэдэдгъувэмэ телъыджэ гуэрхэр къыщ1ок1. Япэрауэ мыр жы1апхъэщи Нарт Лъэпщри Инка-Аймара лъэпкъым и тхьэпэлъытэ Виракочари хъугъуэф1ыгъуэхэм я тхьэпэлъытэхэщ. Телъыджэри аращи Виракочо зи ц1э тхьапэлъытэм зытригъува къалэхэр е дыщэ е дзырхь е дзэху къыщ1ах щ1ып1эхэращ, е а щ1ып1эм зы калэндарышхуэ яухуауэ щытщ.

Мы лъэбжьэм флъэгъу картэм тет сентыр къас и хьыбарыр Нарт 1уэры1уатэм едгъэлъытэнщи къахъуным деплъынщ.

 Инка-Аймара лъэпкхэм я тхьэпэлъытэщхуэ Виракоча зытригъува къалэхэм и картэр Анд зи ц1э къурщхэм щаухуа сивилисасйонхэм и 1ыхьэ хэлъу лъэпк1иплъым и ц1эр къра1уэр. Мыхэр Шумэрхэмрэ (Аймара зи ц1э лъэпкъыр ахэм щыщу ябщ), Хатти-Хититхэмрэ, Касситхэмрэ, Олмэкхэмрэщ ( Негро лъэпкъ). Мыхэм щыщ т1ур дэ Адыгэк1э дызэджэ Черкес лъэпкъым и 1ыхьэщ. Хьисэ ипэ 2500 и гъэхэм Андхэм зиужьа Валдивян к1э зэджэ лъэхъанэм щыщу къыщагъуэта хьапшыпхэмрэ 1эщ1агъэхэм Хаттихэм я Тхьэ символыр къыщагъуэтащ.

 Хаттихэм я Тхьэ идэограм Ант зи ц1э Амэрикэ Дыгъэрэпсым Къыщагъуэтащ [22][23]

Засхариа Ситсхин мы идэограмэр Хититхэм ейуэ ебжыр. Ауэ мыр къыщагъуэта сивилизасйоным и ныбжьыр Хьисэ Ипэ 2500 хэм къыщожьэ. Хититхэр Анадолэм тепщэгъуэ щагъуэтар Хьисэ Ипэ 1680 и лъэсхэращ. Нэгъуэщ1у жыт1эмэ Анд къурщхэм мы Тхьэ идэограмыр щынэсам Хьититхэр дунейм къытехьатэкъым. Ауэ Хаттихэр дунейм къыщытехьэр Хьисэ ипэ 2500 илъэсхэращ.

 Антхэм къыщагъуэта Хатти-Кавказ теплъэ идолхэ [23]

 Emilio Estarde зи ц1э архэологуращ мы Хьатти идолхэмрэ 1эмэпсымэхэр къэзыгъуэтар. Телъыджэращи абы къигъуэта идолым и лъэкъуэ лъэныкъуэм дейж Шумэрхэ Гылгамышк1э зэджэ Урук калэм и пщыжьым и сурэтыри тейтщ.

Анд къурщхэм къыщагъуэта Гылгамыш и темар тет идол

 Гылгамыш хьадрыхэ гъуэгуанэ щытехьам асланит1ым яхуэзэри ябэнауэ щытащ. Мы темар Шумэрхэми Хьаттихэми мыдэк1э Хититхэми я1эщ. Ар дэтхэнэ аркеологри ф1ы дыдэу щыгъуазэщ. Ауэ дэ Адыгэхэм дуней псом Гылгамышк1э зэджэм Нарт Ащэмэзк1эщ дызэреджэр. Мыбы иджыри къас гу лъэтакъым. Дэ 2015 гъэм къыдэдгъэк1а "Нартхэр Нетерхэр Ануннакихэр" зи ц1э тхылъым Гылгамышрэ Нарт Ащэмэз и текстхэр зыбгъэдэдгъувэри мы т1ур зэрызэщхьыр къатхутащ. Аращи абы куэдрэ дытепсэлъыхынукъым. Ауэ мыр жы1апхъэщ; Гылгамыш Шумэрхэ я къалэу шыт Урук зи ц1э къалэм и пщыжу зэрыщытар пэжкъым. Абы пщыгъуэ щигъуэта Урук калэр, Кавказым нобэрей Черкесия к1э дызэджэ хэкум, нобэрей Къэбэрдейм хиубыдэ Урух зи ц1э щ1ыналъэращ. Мыбы япэ гу зылъытари Региналд Обри Фэссэндэн ращ. [24]

Инка лъэпк1ыр зиужьа Андк1э зэджэ къуршхэм, дунейм къытехьа сивилизасйонхэм зи 1ыхьэ хэлъ Адыгэ лъэпкъ етуанэри Касситхэращ. Абы къык1элъык1уэ напэ к1уэц1хэм Ти1аху1анаку к1э зэджэ 1ыхьэми и гугъ тщ1ынущ.

Мыдэк1э Шумэрхэми Андк1э зэджэ къуршхэм зиужьа сивилизасйонхэм я 1ыхьэ хэлъщ. Мыбы теухуауэ Закхариа Ситчхин зи ц1э къахутак1уэм The Lost Realms зи ц1э тхылъым феплъ.

Мачу Пичу и Хъыбар: Maria Schulten de D'Ebneth гу лъытэу игъэхазыра картэм ит щ1ып1эхэм щыщ зыр Мачу Пичуращ. Мачу Пичур, Инка Импэрям зы зэман гуэрэм дэхуэхыу, и бийхэм пэмылъэщыфу къик1уэтыжу, гъэпщк1уауэ щыпсэу щып1эрауэ тхыдэтхэм ятх. Мы щ1ып1эр Амазонхэм хуэдэу зэзэуэфу, Инка дзэм хэт, ик1ий щ1эныгъэ зыбгъэдэлъ Кон-Тики зи ц1э ц1ыхубзхэрат зейр.[25]

Щэныгъэл1хэм Мачу Пичур Инкахэм илъэс мин аджэ нэхъапэ щы1ауэ къалъытэ. Ауэ мы щ1ып1эр Инка лъэпкъым щхьэк1ей щ1ып1э лъэп1эщ. Зэрылъэп1эм и щхьэусыгъуэри; езыхэм я Тхэпэлъытэ Виракоча мы Мачу Пичу зиц1э щ1ып1эм къак1уэу, калэндар щигъува нэужь, Инка лъэпкъым я едэшхуэу щыт зэкуэшищым, тепщэгъуэ ягъуэтыну хуит ищ1а иуж, я тепщэгъуэм и символу дыщэ башц1ык1у зэрыз иритати аращ.

Мы зэкуэшищым щхьэ езы и калэр иухуэри ахэм къытепщик1ахэращ Инкахэр. Мыбдей мыри жыт1энщ мы зэкуэшищым зы къуэщ еплъ1анэ и1ау, ар Виракоча и гъэмбым мывэ жауэ иту хэтщ езыхэм я 1уэры1утэхэм. Инкахэм я 1уэры1уатэхэм ц1ыхухэр мывэхэрат къызытехъук1ир. Мыр, Нарт Сосрыкъуэр ди Нарт Лъэпщым (Виракоча) и жэрдэмк1э мывэм къызрыхэк1ар дигум къегъэк1. Ауэ нэхъ телъыджэр Виракоча и дей к1уэуэ дыщэ гъущ1 е дыщэ башц1ык1у зэрыз къе1ысха зэкъуэшищым хуэду, Нарт Лъэпщым и дей к1уэу маисэ зэрыз езгъэщ1э Нарт зэшищыр дигу к1егъэк1ыр.

 А Нарт зэшищыми Сосрыкъуэр ялъэгъу хъуртэкъым. Сосрыкъуэ мывэм къыхэхъук1ауэ щытат. Мыдэк1э Инкахэм я текстым хэт зэкъуэшищым я къуэш епл1анэр гъуэмбым щехуэхк1э мывэу къегъэнэр Виракочэм.

Ауэ Нарт Лъэпщымрэ Виракоча зэрызэщхьыр Мачу Пичу дей нахъри къыхощ. Виракоча езым зытыригъува Мачу Пичу зи ц1э щ1ып1эм и курыкупсым зы мывэшхуэ тетщ. Яупсауэ лъэныкъуэ куэд и1ау. Абы и гъунэгъу дыдэми зы гъуэмб, зы бгъуэнщ1агъ дыхьап1э щы1ащ. А мывэр Виракочаращ зупсар, зейр аращ.

 Ниги Инка зэкъуэшищым абдейжыращ дыщэ башц1ык1у зэрыз щратар. Мыдэк1э Нарт Лъэпщ Нарт зэкъуэшищым маисэ зэрыз щыритам щыгъуэ ари зы гъуэмбым зы бгъуэнщ1агъым исти. И к1уэц1ым ит сыджыр мывэт. А мывэ сыдж1ыр щ1ы къатиблъым хит1ауэ тетыт же1э 1уэры1уатэм. Гъэщ1эгъуэнуращи Нарт Сосрыкъуэ и къарур зыдынэсыр щигъэунэхум щыгъуэ Нарт Лъэпщ и бгъуэнщ1агъым ит мывэ сыджыр к1ищтэри бжэ1упэм хит1ауэ щытат.

          

Виракоча зытыригъува Мачу Пичумрэ Виракоча и Мывэмрэ

Нарт 1уэры1уатэм хэт Нарт Сосрыкъуэр, щ1ым и къатиблым хэт1ауэ хэт мывэр къыхичыфын хуэдэ къару зэри1ар пэж, хамэрэ мыбы щ1агъыбзэ гуэр хэлъ? Япэрауэ Нарт Сосрыкъуэ езыр астрономим и 1ыхьэ хэлъу зы образщ. Ет1анэрауэ езы Лъэпщыри астрономиям лъэщу епхащ. Мыбдейжым Нарт Сосрыкъуэ и гугъу куэдрэ тщ1ынукъым ауэ ищхьэр теп1ауэ мыр жыт1энщ: Нарт Сосрыкъуэ козмократорщ. Ар къыщалъхум дунейр зы лъэхъанэ гуэрэм ик1ри зы лъэханэщ1э гуэрым ихьэщ.[26]

Нарт Лъэпщрэ Нарт зэкуэшищым и текстымрэ Виракочамрэ Инка зэкъуэшищым и текстхэр зэрызытехуэр телъыджэщ. Ауэ абы нахъ телъыджэу щытыр Нарт Сосрыкъуэр езыр козмократорщи абы зы зэманыр дегъэлъэгъу. Мыпхуэдэбзэуи Виракоча и мывэри зы плъэп1эщи, щ1эныгъэлlхэм ар щытраса зэманыр къахутауэ ягугъэщ. Нарт Сосрыкуэ и aнэр (Бадинокъуэ и анэр) Мачу Пичу зи ц1э щ1ып1эр зы1ыгъ ц1ыхубз зауэл1хэм (Кон Тики) хуэдэу зауэл1щ. Мыпхуэдиз тема куэдыр зэщхь 1уэры1уэтит1 дунейм къагъуэтыгъуейщ. Псом хуэмыдэу Адыгэ Нарт 1уэры1уатэм хэт Нарт Лъэпщ и текстымрэ Виракочамрэ Мачу Пмчум и хъыбархэм хуэдэу зэщхь 1уэры1уатэ дунейм теткъым. Ари гуры1уэгъуэщ. Дауик Инкахэ я Виракочар дэ Адыгэхэм ди Нарт Лъэпщыращ.

 Maria Schulten de D'Ebneth гу лъитэу La Rute Wirakоcha (Виракоча и Гъуэгу) зи ц1э тхылъым иритхам деплъмэ Мачу Пичу щытраса мывэм и ныбжьыр къагъуэтауэ щытащ. Абы зэрыжи1амк1э мы щып1эри абдей щыхат1а мывэри Хьисэ Пейгъымбар ипэ 3172 гъэхэращ щытрагъувар. Аращи а мывэр яупсу зэрытырасарэ 5188 гъэ мэхъур. Хьисэ и пэ 4000-2000 гъэхэм дейж дунейр Гуу зиц1э зодяк 1ыхьэм хэтт.[28][27] Щеч хэмылъу Нарт Сосрыкъуэри мы зэманыращ къыщалъхуар. Дауик ар Гуум емыпхами Жэмыхъуэрылъхущ.

Дэ Адыгэхэм Сосрыкъуэ щхьэ жэмыхъуэрылъху зэрыф1ащэр зыхэзмыха щы1экъым. Сыт абы а ц1эр щыф1ащ1эр? Текстым деплъмэ Сосрыкъуэ и ядэр жэмыхъуэ гуэрти аращ. Мыбы телъыджэ гуэр хэлъ хьамэрэ жэмыхъуэ мыхуатэмэ мэлыхъуэ хъунут жыт1эу фэ едмыплъу дыблэк1ин хуей?

Дэ Адыгэхэм Сосрыкъуэк1э дызэджэм щхьэ Касситхэмрэ Урартухэм Тэщуп (е Тэищэба) жа1э хабзэт. Касситхэр, (Хьисэ ипэ 1680-1160 )Шумэрхэм яужь Шумэр хэкур къэзыщта Адыгэ лъэпкъыжьрат. Урартухэри Кавказ лъэпкъыжьт. Анадолэм щыпсэу Хьаттихэми Тещуп щхьэк1э Тарку жа1арт. Гъэщ1эгъуэнращи нобэ къасыху Кассит-Урарту-Хьаттихэм я Тещупк1э зэджэ тхьэпэлъытэр ди Нарт Сосрыкъуэу щытам зыми гу лъитакъым. Касситхэм Тещуп псалъэм крагъэк1ир Жьыбгъэ Кьезгъэпщэ жи1у аращ. Мыр гъэщ1эгъуэнщ. Езы Сосрыкъуэри жьыбгъэ епщэрт. Нарт 1уэры1уатэм Нарт Сосрыкъуэ жьыбгъэ епщэу куэдрэ хэтщ. Емынэжьыр щиук1иным щыгъуэ жьыбгъэ уае бзаджэ епщат. Джылахъстенеипхъур къыщигъэк1уэсэнуми жьыбгъэ уае епщат Сосрыкъуэ. Ахуэдабзэуи Нарт Япэнэсыр игъэк1уэдын щхьэ уае бзаджэ епщар Нарт Сосрыкъуэрат. Нарт Сосрыкъуэ Тещуп хуэдэу жьыбгъэ епщэрт. Гъэщ1эгъуэнуращи Сосрыкъуэ щхьэ Жьэмыхъуэрылху жа1эрт мыдэк1э тещуп и сурэтхэм абы бжьакъуэ тету ягъэлъагъу я хабзэт.

                                                              Тещуп бжьакъуэ тейту

Ауэ сурэт куэдми езыр гуум тетт.

Тещуп Гуум тету

Къахутак1уэхэм щыщу куэд щы1ащи,Анд къуршхэм и хы 1уфэм къыщагъуэта мы дамыгъэр къызрагъуэт лъэндэрэ.Анд зи ц1э къуршхэм щыпсэу лъэпкъхэм, мы зи гугъу тщ1а Тещуп зи ц1э тхьэпэлъытэр яц1ыхуу ягугъэхэщ.

 

 Семэгум итыр: Анд зи ц1э къурщхэм я хы 1уфэм тет нагъыщэ. Ижым итхэр: Тещуп-Нарт Сосрыкъуэ и Сурэтхэр

_________________________________________

[1] Нобэ куэдым пасэм щыгъуэ Адыгэхэр Мэджусиуэ щытау ятх. Ар пэжкъым. Мэджусихэм я пейгъымбару ялъытэ Заратуштрар ди Нарт 1уэры1уатэм хэт Лъэпщыращ. Лъэпщ и образыр Персхэм къыщащтам абы щерихьэт хуагъуври дин гуэр ящ1ауэ щытагъэнщ. Заратуштра-Нарт Лъэпщ и образыр Персхэм езгъэц1ыхуар Кавказ лъэпкъыу щыт Мэд-Меот хэращ. Персхэм, Медхэм Магу к1э зэджэ дин лэжьак1уэхэр зэтраук1эри ахэм я щ1эныгъэр я тхылъхэр зы1арагъэхьэри езыхэр зыхуейм хуэдэ Заратуштра-Нарт Лъэпщ и гупсысэр зырахъуэк1эщ. Дэ Адыгэхэм Нарт Лъэпщ и образыр ф1ы дыдэу дыхъумарэ пэт Мэджуси гупсысэр пасэм щыгъуэ зетхьэуэ зы хьабзэ закъуи нобэм къэсакъым. Зэгуэрк1э Адыгэхэр Мэджусиуэ щытатэм абы и лъэужьхэр 1амал имы1эу яхъумэнухэт.

[3] Феплъ: Zecharia Sitchin, The Lost Realms. Avon Books Inc.

[4] http://www.bibliotecapleyades.net/thot/esp_thot_9.htm

[5] Хиндхэ я 1уэры1уатэу щыт Рамаяна зи ц1э текстыр зытеухуар Нарт Уэзырмэсрэ (Рама) Сетену Гуащэ (Сита) ращ. Аращи Нарт Лъэпщ Рамаяна зи ц1э текстым номинхэм я пащтых Хануман и ц1эу хэтщ. Хиндхэм Рамаяна зи ц1э хъищэр (Миф) ахэм ипэ псэуа Индус зи ц1э сисвилизасйоным ейщ. Индусхэмрэ (Хъисэ ипэ 2500-1500) Хьаттихэмрэ (Хъисэ Ипэ 2500-1680) зэхуэдэ лъэхьанэхэм тепщэгъуэ зигъуэта лъэпкъыжхэращ.

[7] Феплъ: Нартхэр ...Налщык.

[8] Нарт Лъэпщ-Нетер Тхот-Нингишзида-Виракоча и калэндар. Мы калэндарым къык1элъыкуэ статям дытепсэлъыхынущ.

[9]Адыгэхэм ижь-ижьыжь лъэндэрэ блэм щ1ыхь хуащ1т.Блэр яук1тэкъым нэгъуэщ1ымы иук1ину хуадэртэкъым. Нахъыбэрэ Адыгэ нахъыжьхэм, я унэхэм гъунэгъуу щыпсэу блэхэм шэ ирагъэфэрт. Тепщэчхэм шэ ирак1эрти блэхэм хутрагъуверт. Модэк1э Адыгэхэм я уахэ (космос) гупcысэми блэр хэтщ. Псалъэм п1апщ1э зодякъым 13. 1ыхъэм и Адыгэбзэр Блэущ-щ.

[10] NİN.GİŞ.ZİD.DA псалъэм к1ик1ыр Гъэщ1э Зи1ам и Тепщэщ. Аращи Лъэпщ псалъэм и Шумэрыбзэрауэ жып1э хъунущ. Лъэ зи1ам и пщыр Лъэпщк1э еджэнущи.

[11] Феплъ: Zecharia Sitchin, The Lost Realms. Avon Books Inc.

[12] Феплъ: Лъэпщ и лъэкуит1ыр зипич1ар  Нартхэр, Налщык. 1954.

[13] Феплъ:Zacharia Sitchin, When Time Began.

[14] Феплъ: Нартхэр, Налщык, 1954.

[15] Феплъ: Нартхэр Сосрыкъуэ яхэмыту гуэгуанэ къыщытехьэм зэрыхэгъуэщам и хъыбарым щхьэ

[16] Инка лъэпкъым я быжыгъэр: Bolivya: 1.576.846 Peru: 3.177.938 (1993) Ekvador: 750.000 - 2.000.000 Arjantin: 50.000 - 120.000 Kolombiya: 5.000

[17]Нобэ Пэрурэ Боливя каралхэм псэу Аймара лъэпк1ыр Шумэр-Асурхэм я бынщ. Ябзэхэри Шумэрыбзэм ещхьыркъабзэщ. Феплъ: Pablo Norton..Nouvelles etudes sur les langues americanes. Аймара лъэпкъым я бжыгъэр Боливя: 1462,286..Пэру: 440,380.

[18] Zecharia Sitchin, The Lost Realms. Avon Books Inc.

[19] Zecharia Sitchin, The Lost Realms. Avon Books

[20] Инка лъэпкъыр 1индей лъэпкъщ. Ауэ Аймара зи ц1э лъэпкъыжыр Мезопотамя щыпсэуа Шумэрхэ ящыщу ябж. Дэ мы лъэжыгъэр, 1уэры1уатэхэр зэрызытехуэм щхьэ т1ури зэгъусэу къатщтащ. Лъэпкъит1ыр зэблагъэкъым.Икий зэгъунэгъукъым. Феплъ: Zecharia Sitchin, The Lost Realms. Avon Books Inc.

[22] Феплъ: Emilio Estarde, Ultimas Civilizaciones Pre-Historicas.

[23] Феплъ: Emilio Estarde, Ultimas Civilizaciones Pre-Historicas.

[24] Феплъ: Региналд Обри Фэссэндэн, The Deluged Civilization Of The Caucasus İsthmus .

[25]Феплъ: Фрэнк Коллин, Survivors of Atlantis: Their Impact on World Culture, 2004, ISBN 1591430402

[26] Нарт Сосрыкъуэмрэ Козмократорым зи1исым щхьэ феплъ: Балкар Селчук, Нартхэр Нетерхэр Ануннакихэр, 2015 Истанбул. ISBN. 978 605 59 52 48 8.



5763 kez okundu. Yazarlar

Yorumlar

Henüz yorum yapılmamış. İlk yorumu yapmak için tıklayın

Yazarın diğer yazıları

Нарт Лъэпщ и Нэгъуджэр Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - II - 17/12/2016
уэ 1уэхур нахри гъэщ1эгъуэн зыщ1ыр Азтэкхэми Маяхэми ямейуэ, гъэ мин аджэ ипэ ящ1ауэ, ауэ зыщ1ари дымыщ1э мывэ гуэрхэм ящ1ы1уми Кецалкоатл и сурэтыр къагъуэтахэщ, ахэми нэгъуджэ 1улъу ик1ий жьак1э тету. Нэгъуджэр уеблэмэ оптикым и щ1эныгъэр пасэ лъэх
УСЭНШЭУ ДЫКЪАНЭМЭ! - 09/10/2016
Ди хэку дахэр, си уорейда ПщIэ имыIэу дгъэкIуэдай, ДызгъэкIуэдам, си уорейда КIуэдыкIейри къыхукIуэ.
Bugün Ben Mutlu Bir İnsanım! - 02/06/2015
Keşke Çerkes halkının yoğun olarak yaşadığı diğer illerden de adaylarımız olabilseydi. Ama o da olacak yakında. Buna eminim. Bu adı geçen illerde adaylarımızın Çerkes halkı tarafından benimsendiğini görmek beni herşeyden çok mutlu ediyor.
Heredot Cevdet, Recep Tayip Erdoğan ve Ahmet Duvutoğlu! - 22/05/2015
Cumhurbaşkanımız Putin'in Ermeni Soykırımını resmen tanıyor olmasına, “Putin'e darıldım!” diyerek karşılık vermişti. Demek ki cidden çok darılmış olacak ki daha kendisine gelememiş.
Gerekeni Gerektiği Zaman Yapmak; Ya da Labedeslerin Kaderi! - 12/05/2015
2015 Genel seçimlerine 25 gün falan kaldı. Bahaneler ve gerçekler arasındaki birçok Çerkes bu seçimde ÇDP’nin bağımsız Çerkes adaylarını mı destekleyecek; yoksa en rasyonal bahanenin arkasına mı saklanacak.
Uzunyayla'nın Son Klasik Kuşağı Hareketleniyor - 01/05/2015
Kendi kişisel kurtuluşunu elde etmekle yetinmeyen, halkına geri dönen bir kuşak bu kuşak. Köy köy gezen, kendi insanına şehirlerde kasabalarda ve ilçelerde ulaşmaya çalışan bu insanlar birlikte başarabilmenin imkanlarını arıyorlar.
Kronik bir Aydın Hastalığı Olarak : Sözlük ve Alfabe -I- - 26/04/2015
Sözlük ve alfabe hazırlamak ve bunun üzerinden kendini gerçekleştirmek Tanzimat döneminden kalma bir aydın saplantısıdır
Boyunun Ölçüsünü Vermekten Korkmak! - 20/04/2015
Orta yere çıkmak, boyunun ölçüsünü vermek ve alınan ölçüyü de bilmek zorunda olduğumuz bir yerdeyiz artık. Yani artık eskisi gibi iktidar ya da muhalefet partisinde es kazara bir iki Çerkes milletvekili var diye bu işten sıyrılmak mümkün değil.
Kurban Olduğum Allah Veriyor Verdikçe! - 11/04/2015
Şimdi Çerkes halkı, AKP'nin ya da başka bir partinin kendilerini umursamadığını anladığına göre, bir manileri yoksa bundan sonra sık sık çaylarını içmeye gideceğiz.
 Devamı
adigebze I-II
Nükte!

KISSADAN HİSSE

-Moğollar Buhara’yı kuşattıklarında, uzun süre şehri teslim alamadılar. Cengiz Han Buhara halkına bir haber gönderdi: Silahlarını bırakıp bize teslim olanlar güven içinde olacaklar, ama bize direnenlere asla eman vermeyeceğiz.

-Müslümanlar İki gurup oldu: Bir gurup; asla teslim olmayalım, ölürsek şehit, kalırsak Gazi olur, Şeref’imizle yaşarız dediler. Öbür gurup ise; kan dökülmesine sebep olmayalım, sulh iyidir, hem silah, hem de sayı olarak onlardan azız, gücümüz onlara yetmez, dediler ve teslim oldular.

-Cengiz Han, silah bırakanlara; teslim olmayanlara karşı bize yardımcı olun, galib geldiğimizde şehrin yönetimini size bırakalım dedi. Böylece İki müslüman gurup savaşmaya başladılar. Moğollar’ın da yardımı ile, teslim olanlar galib geldi. Savaştan sonra Cengiz Han teslim olanların silahlarının alınmasını ve kafalarının kesilmesini emretti. Sonra meşhur sözünü söyledi: “Eğer güvenilir olsalardı, bizim için kardeşleri ile savaşmazlardı. Kardeşlerine bunu yapanlar, yarın da bize yapar.”

 

Site İçi Arama

 

Google Site

 

Üyelik Girişi