• https://www.facebook.com/%C3%87erkes-Haklari-Inisiyatifi-1720870914808523/
  • https://twitter.com/CerkesHaklari
Ziyaret Bilgileri
Aktif Ziyaretçi10
Bugün Toplam350
Toplam Ziyaret1062341
Döviz Bilgileri
AlışSatış
Dolar34.440034.5781
Euro35.959736.1038
Semerkew
Balkar Selçuk
selcuk@ozgurcerkes.com
УСЭНШЭУ ДЫКЪАНЭМЭ!
09/10/2016
Ц1ыхур сыт щыгъуи езымрэ, и лъэпкъым и тхыдэмрэ зыщыпсэу дунеимрэ щыгъуэзэным иужь итщ. Тхыдэм е дунейм зыгуэрк1э ущыгъуэзэнумэ щ1эныгъэм ухуэныкъуэнущ. Нахъ къууэ ущыгъуэзэнумэ филозофиям зыхуэбгъэзэн хуей мэхъу. Ауэ сытым щыгъуи щ1эныгъэми филозофиями дэ ц1ыху ц1ык1ум дыщигъэгъуазэкъым. Ц1ыхум езым зищ1эжын щхьэ усэм ф1эк1а ф1эк1ып1э и1экъым.
Арауэ къыщ1эк1ынщ пэсэрей Грэкхэм усэр щ1эныгъэ псом япэ иту къалъытэу зэрыщытар. Сократес и еджэк1уэхэм «ЗЫЗЩ1ЭЖ: Gnothi Seuthon» жири1эрт; Ц1ыхур адрей псэущхьэхэм хуэдэу зищ1эжурэ дунейм къытехьэркъым. Адрей псэущхьэхэр къыщалъхуэ махуэм щ1ыщ1эдзау защ1эжурэ мэпсэу.
Дауми ц1ыхур щ1эныгъэмрэ философиям зэрыхуэныкъуэр нахуэщ.Апхуэдэрэ пэт усэм дэ къыдит зыщ1эжык1эр а т1уми къыдитыфыркъым.
Щ1эныгъэми философиями упщ1э зы къом иботри т1ури къыпогъуэк1. Ауэ узи1исым ущыгъуэзэну ухуеймэ щ1эныгъэми филозофиями къыпэгъуэк1ын щы1акъым.
Узэри1ысыр къапщ1энумэ усэ ухуэныкъуэу аращ. Гъэщ1эгъуэныращи усэми упщ1э епт хъуркъым. Иджы усэм уэ къыпыгъуэк1ыркъым ат1э ахуэдэрэпэт дэ ц1ыху ц1ык1ум усэм нахърэ нахъ дызригъэнщ1 дызэрищыгъуазэ дызригъэщ1эж зыгуэр щы1акъым. Уеплъымэ дэ усэм, щ1эныгъэмрэ филозофиямрэ елъытауэ къуэдрэ нахъыбэу дыхуэныкъуэщ.
Уи упщ1эмрэ узхуей пэгъуэк1ыр зыф1эмы1уэхущ усэм. Иджы арыншэу дызэрымыпсэунур нахуэс. Усэм дызыхуей дызыхуэныкъуэ гуэрхэр дегъэлъэгъур. Лъэпкъыр хуитыныгъэншэмэ ц1ыхур лъэгъуныгъэншэмэ абы упэлъэщын ащэр къыдэзытыращ усэр. Усэр зэры1эщэм хуэдиз иджырий ди тейп1энращ, е ди мэ1ухуращ. Арыншэу мы дунейм дыпэлъэщыфынукъым. Дыкъызэралъхурэ къыттебанэ гъэщ1эм усэншэу дыпэлъэщыфынукъым.
Лъэпкъымрэ ц1ыхумрэ зэгуэрыр хуэчэммэ ар усэк1э дощ1эри и щ1ып1э нэщ1ыр едзыгъуэк1э из дощ1. Апхуэдэрэ пэт усэм ц1ыхум хэк1ып1э иритыркъым. Адэ дызэрыхэк1ып1эншэр дегъэц1ыхури аращ. Уи гъэщ1эр зэрык1эщ1ыр (уи гъэщ1эм к1э зэри1эр), лъагъуныгъэр зэрыгугъур хуитыныгъэр зэрылъап1эр, гъэрып1эм уисыныр зэрышэчыгъуейр гу дезыгъэлъэтэр усэращ.Зэгуэрым упэжыжьэмэ, зэгуэрым улъэ1асын хуеуэ улъэмы1эсыфмэ, усэращ къыплъысыр.
Усэм хэк1ып1э е къару къуитынукъым ауэ бэуап1э т1эк1у къуитынк1э хунущ. Нахъыбэрэ, усэм дэ къыдигъэлъэгъур, зытемыхуэхэращ. Ухуейуэ улъэмы1эсыфар, упэжыжьэу умык1уэфар, пхузэф1эмык1ыфу упэмылъэщыфар зы едзыгъуэм иту уи пащхьэ къизылъхьэфыр усэрщ.
И анэмрэ и хэкум лъэмы1эсу хамэ щ1ып1э къыдэна усак1уэм жи1анури мырас:
 
                  Нанэ
    Уэ пщ1эрэ уи щ1алэ ц1ык1ур
хы 1уфэм щепэзэзэхыу?
Щ1ып1э хамэм анэ-адэншэу
къуршыжьхэм ар къыхуэбанэу?
Щы1экъым мыбы зы махуи
1уащхьэмахуэ сигъэлъэгъуфу,
щы1экъым мыбы зы ани,
нанэ, уэщхьу 1э къыздилъэфу.
Щыхьэрщ....и лъабжьэр тенджызу,
гызыжу кхъухьхэр къепщыл1эу,
хьэпшыпхэр пл1эк1э къырахыу,
ферс ф1еик1э напэр щалъэщ1у.
...             
Умыдзыхэ, си нанэ дыщэ,
л1ы ищ1ынщ уи къуэр 1эшт1ымым,
зэман к1эщ1к1э ар нэк1уэжынщи
щыплъэжынщ Бахъсэн аузым!
(Щоджэнц1ык1у Алий - Нанэ )
 
Усакъуэр зылъым1эсыфар зыгуэрым и лъэгъуныгъэрамэ абы щыгъуэ нахъри гугъущ и 1уэхур. Зэгуэрым и ф1ылъэгъуныгъэм ихьэхуэмэ и гур мис абы щыгъуэ гу лъыботэ уи гъэщ1эр зэрык1эщ1ми. Уоп1ащ1э лъэгъуныгъэм улъэ1асынуи:
 
Къыдэплъеи уи гум ба хуэзгъэщ1,
Илъэс минк1э къеуэркъым ц1ыхугур
Уи псэм и хьэуак1э зызгъэгъэнщ1
Уэрщ бэуап1эу щызи1эри щ1ыгум.
 ....
 Зэ 1урихи уи гум ба хуэзгъэщ1,
 Сыкъэгъэнэ уэ сыныпщхьэщысу.
Гъащ1эр зэрымащ1эм сигу хегъэщ1,
Си псэр хэхъуэу уэ сыногупсысу.
                           (Бэщтокъуэ Хьэбас)
 
Цыхур зыхуэныкъуэ, зыхуейр хузимы1эрэ и гур зыхуэк1уэр сытми усэм итынури аращ. Mодэк1э лъэгъуныгъэм ц1ыхум кърищ1ыл1эр усэм ф1эк1 къэзы1уэтэфын щы1акъым.
Усэр щ1эныгъэмрэ философиям ещхъкъым. Абы и 1уэхукъым уи упщ1эхэр е узыхуей пэгъуэк1хэр. Ауэ езыр пэжыр гъэлъэгъуэнымк1э ахуэдизу лъэщщи узэри1ысыр уегъэц1ыхур занщ1эу. Апхуэдэрэ пэт прагматикеу убгъэдыхьэ хъуркъым усэм. Усэм дэ къыдитар махуэ псом зэгуэрк1э къадгъэсэбэпыфкъым. Ауэ ди гъэщ1эр нахъ сакъыу нахъ гу къатлъытэу зетхьаным и амалыр къыдейт. Ахуэдэрэ пэт усэм езыр щ1эныгъэм е филозофиям хуэдэу терминк1эрэ ек1уэк1къым. Зи1исыр дымыщ1э тэрмин къомк1э усэм 1уэху и1экъым. Ик1ий хуэныкъуэкъым. Усэм едзыгъуэ къас псалъэхэм щ1эуэ псэ иритыфу къару и1эщ. Уеблэмэ усэр зэрыщыту мэтафизикэщ. Ауэ телъыджэщи нобэ ар 1эдэбиятым (Литэратурэм) и 1ыхьэ гуэру ябж. Апхуэдэрэ пэт усэр физикэми, онтологиями, тхыдэми и гугъу ещ1ыфыр. Ц1ыхум езыр физикэ гуэру дунем тету щытми псэр мэтафизикэ гуэрэщи усэ хуэду мэтафизикэ гуэрым сытым дейжи хуэныкъуэщ.
Усэр ищхьэм пщ1э хуэзыщ1 ц1ыхум и 1уэхущ...
Бзэм дэ къыдит псалъэхэр къигъэсэбэпурэ, мэтафизикэу зы хэку, зы дуней дэр фэк1э зыми имейуэ зы щ1ып1э гуэр къыдет усэм. Усэншэу дыхъукъым. Усэншэу дыпсэуфкъым, ик1ий дыпсэуакъым.
Усэр метафизикэщ щыжыт1ам, бзэр езыри зэрыметафизикэу зэрыщытым гу лъыттэн хейщ...
 Ди Адыгэм ди зэхуэщытык1эр, ди тхыдэр, дищхьэ кърик1уар усэм нэхърэ нэхъ пэжу ик1ий нэхъ кабзэу зы1уэтэфын нэгъуэщ1 гуэр мы дунейм теткъым. Жэтчэр Айтэч, узыняйлэ къыщалъхуа усак1уэм и усэ гуэрэм нэхърэ нэхъ лъэщу Адыгэм и псэук1эмрэ абы ищхьэ къырик1уар зы1уэтэф усак1уэ ди мащ1эщ:
 

Дэ ди къуэпсыр, си уорейда

Къафкъазыжьым къыщожьэр,

Мэхьк'эмэжьхэр, си уорейда

Бахъсэныщхьэм щаухуэр.

 

Хабзэ ухуэми си уорейда

Жылагъуищу закIуэщыр

Чы гъэшахэр си уорейда

Ди щIы гъунэм къыхасэ

 

Доухэсыри си уорейда

Шу шэсынхэр идогъэжьэ

Къущхьэ жэмхэр си уорейда

КъалэныщIэу мэувыр

 

Уапэувми, си уорейда

Хэкурыс псори бгъэубзэрт.

Фи шыбзыжьхэри, си уорейда

Къурей бгъуэм къыщыхъурт.

 

Ди IэщцIыкIуэм си уорейда

Мо къущхьэхухэр яхъупIэт

Дэ псэукIэкIэ, си уорейда

Лъэпкъ псоми датекIуэрт

 

ЗекIуэ вгъакIуэм, си уорейда

Лъэныкъуищыр къалъэщIырт,

ЩIым и фIыпIэм, си уэрэйда,

Ди адыгэм къик1ухьт.

 

Гъуэгу къикIухь(ы)ми си уорейда

Фи фочыпIэкIэ доухыр

Зыухыгъай си уорейда

Мы къаралым диуIэ

 

ЩIыуэ диIэр арэйда

ПщIэ имыIэу дыгъэкIуэдай

ДызгъэкIуэдам арэйда

КIуэдыкIейри къыхукIуэ

 

Дызэрысым, си уорейда

Дырамыхуу ямыдэ,

«Дин ислъамыр, си уорейда

Щаухуащ» жытIэурэ дынокIуэр.

 

ДыныздэкIуэм, си уорейда

Мы кI'агуэжьхэм дражагъуэщ,

Щхьэр зи жагъуэр, си уорейда

Хуэдэ щIыгум иус.

 

ЗыщымыщIэу си уорейда

Илъэсныкъуэр щIымахуэс

ЩIымэхуэфэр си уорейда

Къаракъыыщу къытхуащI

 

ЩIыу диIэр си уорейда

ЩIыхужыжьси къамикI

КъакIа тIэкIур си уорейда

Бжыхьэ жэпIэм къасэж

 

Уэсыр къейсым си уорейда

Къэнжалыщхьэси мэгIыгIэр

Къыдщжьэхидзэурэ си уорейда

Ди бжьэIупэр къыIуейхуэр

 

Мэкъу зыхуэкIри си уорейда

И паж1экIэм щIофиер

Жьы фий макъым си уорейда

Ди гужьбзаджэр тхурех

 

Ди хэку дахэр, си уорейда

ПщIэ имыIэу дгъэкIуэдай,

ДызгъэкIуэдам, си уорейда

КIуэдыкIейри къыхукIуэ.

 (https://www.youtube.com/watch?v=w5YIX1IBfTY)




3452 kez okundu. Yazarlar

Yorumlar

Henüz yorum yapılmamış. İlk yorumu yapmak için tıklayın

Yazarın diğer yazıları

Нарт Лъэпщ и Нэгъуджэр Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - II - 17/12/2016
уэ 1уэхур нахри гъэщ1эгъуэн зыщ1ыр Азтэкхэми Маяхэми ямейуэ, гъэ мин аджэ ипэ ящ1ауэ, ауэ зыщ1ари дымыщ1э мывэ гуэрхэм ящ1ы1уми Кецалкоатл и сурэтыр къагъуэтахэщ, ахэми нэгъуджэ 1улъу ик1ий жьак1э тету. Нэгъуджэр уеблэмэ оптикым и щ1эныгъэр пасэ лъэх
Нарт Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - I - 01/12/2016
Гъэщ1эгъуэнращи нобэ къасыху Кассит-Урарту-Хьаттихэм я Тещупк1э зэджэ тхьэпэлъытэр ди Нарт Сосрыкъуэу щытам зыми гу лъитакъым. Касситхэм Тещуп псалъэм крагъэк1ир Жьыбгъэ Кьезгъэпщэ жи1у аращ.
Bugün Ben Mutlu Bir İnsanım! - 02/06/2015
Keşke Çerkes halkının yoğun olarak yaşadığı diğer illerden de adaylarımız olabilseydi. Ama o da olacak yakında. Buna eminim. Bu adı geçen illerde adaylarımızın Çerkes halkı tarafından benimsendiğini görmek beni herşeyden çok mutlu ediyor.
Heredot Cevdet, Recep Tayip Erdoğan ve Ahmet Duvutoğlu! - 22/05/2015
Cumhurbaşkanımız Putin'in Ermeni Soykırımını resmen tanıyor olmasına, “Putin'e darıldım!” diyerek karşılık vermişti. Demek ki cidden çok darılmış olacak ki daha kendisine gelememiş.
Gerekeni Gerektiği Zaman Yapmak; Ya da Labedeslerin Kaderi! - 12/05/2015
2015 Genel seçimlerine 25 gün falan kaldı. Bahaneler ve gerçekler arasındaki birçok Çerkes bu seçimde ÇDP’nin bağımsız Çerkes adaylarını mı destekleyecek; yoksa en rasyonal bahanenin arkasına mı saklanacak.
Uzunyayla'nın Son Klasik Kuşağı Hareketleniyor - 01/05/2015
Kendi kişisel kurtuluşunu elde etmekle yetinmeyen, halkına geri dönen bir kuşak bu kuşak. Köy köy gezen, kendi insanına şehirlerde kasabalarda ve ilçelerde ulaşmaya çalışan bu insanlar birlikte başarabilmenin imkanlarını arıyorlar.
Kronik bir Aydın Hastalığı Olarak : Sözlük ve Alfabe -I- - 26/04/2015
Sözlük ve alfabe hazırlamak ve bunun üzerinden kendini gerçekleştirmek Tanzimat döneminden kalma bir aydın saplantısıdır
Boyunun Ölçüsünü Vermekten Korkmak! - 20/04/2015
Orta yere çıkmak, boyunun ölçüsünü vermek ve alınan ölçüyü de bilmek zorunda olduğumuz bir yerdeyiz artık. Yani artık eskisi gibi iktidar ya da muhalefet partisinde es kazara bir iki Çerkes milletvekili var diye bu işten sıyrılmak mümkün değil.
Kurban Olduğum Allah Veriyor Verdikçe! - 11/04/2015
Şimdi Çerkes halkı, AKP'nin ya da başka bir partinin kendilerini umursamadığını anladığına göre, bir manileri yoksa bundan sonra sık sık çaylarını içmeye gideceğiz.
 Devamı
adigebze I-II
Nükte!

KISSADAN HİSSE

-Moğollar Buhara’yı kuşattıklarında, uzun süre şehri teslim alamadılar. Cengiz Han Buhara halkına bir haber gönderdi: Silahlarını bırakıp bize teslim olanlar güven içinde olacaklar, ama bize direnenlere asla eman vermeyeceğiz.

-Müslümanlar İki gurup oldu: Bir gurup; asla teslim olmayalım, ölürsek şehit, kalırsak Gazi olur, Şeref’imizle yaşarız dediler. Öbür gurup ise; kan dökülmesine sebep olmayalım, sulh iyidir, hem silah, hem de sayı olarak onlardan azız, gücümüz onlara yetmez, dediler ve teslim oldular.

-Cengiz Han, silah bırakanlara; teslim olmayanlara karşı bize yardımcı olun, galib geldiğimizde şehrin yönetimini size bırakalım dedi. Böylece İki müslüman gurup savaşmaya başladılar. Moğollar’ın da yardımı ile, teslim olanlar galib geldi. Savaştan sonra Cengiz Han teslim olanların silahlarının alınmasını ve kafalarının kesilmesini emretti. Sonra meşhur sözünü söyledi: “Eğer güvenilir olsalardı, bizim için kardeşleri ile savaşmazlardı. Kardeşlerine bunu yapanlar, yarın da bize yapar.”

 

Site İçi Arama

 

Google Site

 

Üyelik Girişi