• https://www.facebook.com/%C3%87erkes-Haklari-Inisiyatifi-1720870914808523/
  • https://twitter.com/CerkesHaklari
Ziyaret Bilgileri
Aktif Ziyaretçi14
Bugün Toplam338
Toplam Ziyaret1062329
Döviz Bilgileri
AlışSatış
Dolar34.440034.5781
Euro35.959736.1038
Semerkew
Balkar Selçuk
selcuk@ozgurcerkes.com
Фи Кıэн Джэгукıэхэр Зэ Иухасэрэт!
19/09/2013

Сэ, зи си гугъэнтэкъым, зы махуэ гуэр, Адыгэбзэу сытхэн зэрыхуэйынур. Ауэ, мис ниги Iэмал симыIэу, сотх. Сытхынухэр сымытхасэрэт, е нэгъуэщI гуэрым итхыу, сэ седжасэрэт. Ауэ, мэл хъубжьапхъэхэр кIуэдыпащи, дэри бжэн кьуийхэм хуэду, утыкIу дыкъинащ. Аращи, ди гум илъ гуэрхэр, зэзэмызэ мы сайтым и амалыгъуэкIэ, фи пащхъэм итлъхьанущ…

Псом япэр хъуэхъущи, хъуэхъуу щыIэм я нэхъ дахэр, Тхъэм къыфигъэхъулIэну сынывохъуэхъу... Илъэс зыбгъупщI лъандэрэ, мы фи пащхьэ ит Özgür Çerkes зи цIэ сайтым сотх. Мы сайтыр «Черкес Хьакхэм и Инсиятиф » зи цIэ гупым ейщ...

Ди пащхьэм Iуэхугъуэщхуэ куэд итщ.Адыгэхэм ди къакIуэнумрэ, ди блэкIахэм теухуауэ, ди гум илъ зы къом щыIащ. Сытыми уи гум илъ дэтхэнэ гуэрыр, уи жьэм къыждэкI хъуркъым. Апхуэдэрэпэт, мы дыздытет лъэхъанэхэм дей, нахьыбэIуэу хабзэр убзэ щохь. Хабзхэр убзэ зыщыхъум дейжи, ди жьэм кьыждэкIын хуэмей гуэрхэри, кьыждэкIин хуей мэхъу. Аращи, зэгуэрхэм я жьагъуэ хьунущ жытIэу ди псалъэр дымыбзыщIу, ауэ ди пIэми димикIыу, Адыгэ лъэпкъым и пащхъэ ит Iуэхугъуэщхуэхэм, дытепсэлъыхынущ.

Дэ мыбы зетхьэр дищхъэ Iуэхукъым. АтIэ, дызщыщ лъэпкъым и пащхъэ ит Iуэхугъуэхэращ. Дэтхэнэ Адыгэм хуэду, дэри ды Адыгэщи, ди лъэпкъым и пащхьэ ит Iуэхугъуэщхуэхэм ятеухуауэ, гузэвэгъуэ гуэрхэр худиIэщ.

Мы дызтехьэ гъуэгуми, ди гъуазэ гуэрхэри диIэщ. Псалъэм папщIэ, Хьажрэт Къэбэрдейхэр ди щапхъэщ, ниги ди гъуазэхэщ. Ахэрат лъэпкъым Iашэ гъэтIылъ щищIым шыгъуэ, я Iашэхэр ямгъэтIылъу, зауэм икIэ нэсыхункIэ хэтахэр. Пэжщ, нобэ ашэ къатщтэу, ди бийхэм дезауэкъым ауэ, мы дунейм Адыгэу укъызтенэну ухуеймэ, сыт щыгъуи, дэни, зауэм ухэтщ. Дэ ды Адыгэщи, Адыгэу дыкъызтенэну духуейщ щыжыпIэм дей, у хэхэсми, у хэкурысми, убэлэрыгъ хъунукъым.

Хьажрэт Кьэбэрдэйхэм и гъыбзэм итщ: «Фи лIы гъэщхахэр Iуэщхъэ кьуагъ фыкьыздыкьоплъ фIэкIа факъахэхъау зы фокI вгъэуакьым.»жиIэу. Ахуэдэхэр ноби ди куэдщ. Ауэ нигирейхэр, Iуэщхъэ къуагъхэм къуэтхэкъым. Нигирейхэр, Хасэ къуагъхэм якъуэтхэщ...

Псалъэр дыгъакIихынкьым...

 

          СЫТ КЬАХЪУР?

Мы блэкIа мазэхэм, www.hekupsa.com зи цIэ сайтым иту, зы тхъылъ кьытIарыхъащ. Тхылъыр зытхар, Адэм Богус зи цIэ гуэрт. Деплъмэ тхылъыр зытеухуар, Сирием и Адыгэхэрат. Тхылъым итымкIэ, Хэкум щыщ зэ гуэрхэр, Тыркум, Истанбул къалэм, Сирием и Адыгэхэм и къакIуэнумрэ, и нобэм теухуауэ, зы конфэранс гуэр зэрыгъакIуэкIин зэрыхуейм, и гъугъ ящIхэрт. Тхылъым зэритхымкIэ, Тыркум ит Адыгэ Хасэхэм я къалэну, зы конфэранс ирагъэкIуэкIынурэ, дуней псом щыIэ Адыгэхэр ирагъэблэгъэнурэ, бысым яхуэхъун хуейт.

Пэжыр жытIэнщи, мы тхылъыр дэ ди куэдым, дыфIэгъащIэгъуэн къытщыхъуащ, ниги дигу ирихьащ. Дауми дэри, Сирие къаралым лъэпкъ револоцер къызрежэ лъандэрэ, Адыгэхэм папщIэ дыгузавэрт. Гузэвэгъуэм дыкъышымынэу, ди Черкес Хьакъхэм И Инсиятиф Гупымрэ, Дуней Псо Черкесхэм ЗэдэIапыкъун Комитэмрэ, дызэгъусэу Сирие Адыгэхэм щыщ зы къомым шхьа дыздэIапыкъуат. Ди Тхьэмадэхэм, зэм унэ къаубыдат, зэм хъапщып къащэхуат, зэм Лубнан-Бейрут лъатэхэрти, Адыгэхэр къращыт, зэм контейныр кенткIэ зэджэ хьаблэр ягъахьазырхэрти, къыраща Адыгэхэр ягъэтысхэрт. Арати, сыт и лъэныкъуэкIэ Истанбул къалэм шекIуэкIу, дуней псом ит Адыгэ хасэхэр зэхэтыну, мы кьонфэрансыр дэркIэ игъуэт. Черкес Хьакъхэм И Инсиятиф Гупыми, Дуней Псо Черкесхэм ЗэдэIапыкъун Комитэми, ЧЕРКЕС-ФЕД зи цIэ ди фэдэрасйоным и тхьамадэхэми, замгъэгувэу унафэ къащтахэщ, мы Сирие ис Адыгэхэм ятеухуауэ конфэрансыр зэригъэкIуэкIыну щыкIэм. Мы хасэхэм я тхьамадэхэм, замгъэгувэу унафэ къащтащ:

- ИрагъэкIуэкIын хуей конфэрансым ди Гупыри, адрей Хасэхэри я лъэкI кьамгъанэу дэIапыкъун хуейуэ.

-ЕтIуанэуи, КАФ-ФЭД зи цIэ фэдэрасйоным, тэлэфонкIэи тхылъкIэи лъэIэсу, мы конфэрансыр зэгъусэу зэррагъэкIуэкIуынум и амалхэр къалъыхъуэну.

КАФ-ФЭД ди тхылъым къыщыпэмгъуэкIим дей, тэлэфонкIэи, дызлъэIасри дэзэпсэлъащ. Ауэ къыдэхъулIакъым. КАФ-ФЭД конфэрансым зэрыхэтынур идакьым. Куэд дэмыкIыу, хэкуми аргуэру зы тхылъ къытIэрыхьащ. Мы зэм тхылъыр зытхар, Сохьт Аскер зи цIэ гуэрт. ЗэрыжиIамкIэ, Сирие Адыгэхэм теухуауэ иригъакIуэкIин хуей конфэрансыр, Истанбул шырагъэкIуэкIину амал зэрыщымыIэм, и гугъу ищIырт. Къэхъуар дэ къыдгурыуIэкьым! Зы мазэ ипэ, Истанбул зы конфэранс шедгъэкIуэкIтэм фы хъунт жызыIахэр, мазэр дэмикIыу зыхушIэгъуэжыр къыдгурыIуэртэкъым!

Мы къэхъуахэм дэ хэтлъагъуэр мыращ: Хэкум щыщ зэгуэрхэр, Сирие щыщ Адыгэхэм ятеухуауэ, Истанбул зы конфэранс шырагъэкIуэкIынум яуж итщ. Ахуэдабзэуи, Хэкурыс гуэрхэри, мы конфэрансыр ирамгъэкIуэкIынум яуж итхэщ. Тыркум щыIэ КАФ-ФЭД ри, мы конфэрансыр зэриримгъэкIуэкIинум яуж итхэм ящышщ.

Мы Тхъамахуэми, Дуней Псо Адыгэ Хасэ зи цIэу, зы хасэм и унафэр тлъэгъуащ. Ахэри, Истанбул къалэм Сирие Адыгэхэм ятеухуауэ зы конфэранс, е зы зэхуэс иригъакIуэкIыныр, зымыдэхэм ящыщхэщ.

Тхъэм и щыкурщи, дэ КАФ-ФЭД нэпэмыщI фэдэрасйони, Дуней Псо Адыгэ Хасэм нэпэмыщI хаси, диIащ. Аращи, дэ ЧЕРКЕС ХЬАКХЭМ И ИНСИЯТИФ гупым и цIэкIэ Мыхэр жыдоIар:

-Дэ ЧЕРКЕС ХЬАКХЭМ И ИНСИЯТИФ гупу, Сирие къаралым шекIуэкI, Лъэпк Рэволоцэм иуж, езы Сирие къаралым изэранкIэ, Сирие къаралыр ибгынэн хьуа, Адыгэхэм сыт и лъэныкъуэкIи дыздэIапыкъунущ. Мыбы тету, Истанбул къалэм, къакIуэну мазэхэм зы КОНФЭРАНС едгъэкIуэкIынущ. Мы едгъэкIуэкIыну щыт конфэрансым, ЧЕРКЕС-ФЭД зи цIэ Адыгэ фэдэрасйоныри, ДУНЕЙ ПСО ЧЕРКЕСХЭМ ЗЭДЭIАПЫКЪУН КОМИТЭ ри, яхэтыну я унафэхэр къащтахэщ.

ЕдгъэкIуэкIыну щыт Конфэрансым, къыщытщтэ УЫНАФЭхэри, япэрауэ:

-Урысэй Фэдэрасйоным и Тхъамадэ, Владимир Путин.

-Урысей Фэдэрасйоным и Хамэ Iуэхухэм и Тхъамадэу щыт, Сэргей Лавров и пащхъэ итлъхьанущ.

 Етуанэу, Конфэрансым, утыку илъ унафэхэр, Тыркум и Тхъамадэхэм я пащхи, дгъувынущ. Ахэри мыхэращ:

 -Тырку Къаралым и Тхъамадэу, Абуллахь Гул.

 -Тырку Къаралым и Бащбакъану щыт, Р. Тайип Ердогъан.

-Тырку Къаралым и Хамэ Iуэхухэм и Тхъамадэу щыт, Ахмэт ДавутIогълу.

Аращи, КАФФЭД ри, Дуней Псо Адыгэ Хасэ ри, хуэйхэмэ мы конфэрансым хэтынхэщ. Хуэмейхэми езыхэм я уынафэщ. Хасэ къуагъхэм, я тIысыпIэ тынчхэм, къотынхэщ.

 Дэ КАФ-ФЭД и щытыкIэри, Iуэху щIыкIэри, и кIэн джэгукIэри, фIыуэ дощIэ, доцIыху. Абы адкIэ дызэпсэлъэни, дызэныкъуэкъуни, щыIэкъым. Мы зэмкIэ Дуней Псо Адыгэ Хасэм и Iуэху щIыкIэри, и кIэн джэгукIэри, зэдгъащIэ хъунущ.



3528 kez okundu. Yazarlar

Yorumlar

Henüz yorum yapılmamış. İlk yorumu yapmak için tıklayın

Yazarın diğer yazıları

Нарт Лъэпщ и Нэгъуджэр Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - II - 17/12/2016
уэ 1уэхур нахри гъэщ1эгъуэн зыщ1ыр Азтэкхэми Маяхэми ямейуэ, гъэ мин аджэ ипэ ящ1ауэ, ауэ зыщ1ари дымыщ1э мывэ гуэрхэм ящ1ы1уми Кецалкоатл и сурэтыр къагъуэтахэщ, ахэми нэгъуджэ 1улъу ик1ий жьак1э тету. Нэгъуджэр уеблэмэ оптикым и щ1эныгъэр пасэ лъэх
Нарт Лъэпщ и Тепщэгъуэмрэ и Гъуэгуанэмрэ - I - 01/12/2016
Гъэщ1эгъуэнращи нобэ къасыху Кассит-Урарту-Хьаттихэм я Тещупк1э зэджэ тхьэпэлъытэр ди Нарт Сосрыкъуэу щытам зыми гу лъитакъым. Касситхэм Тещуп псалъэм крагъэк1ир Жьыбгъэ Кьезгъэпщэ жи1у аращ.
УСЭНШЭУ ДЫКЪАНЭМЭ! - 09/10/2016
Ди хэку дахэр, си уорейда ПщIэ имыIэу дгъэкIуэдай, ДызгъэкIуэдам, си уорейда КIуэдыкIейри къыхукIуэ.
Bugün Ben Mutlu Bir İnsanım! - 02/06/2015
Keşke Çerkes halkının yoğun olarak yaşadığı diğer illerden de adaylarımız olabilseydi. Ama o da olacak yakında. Buna eminim. Bu adı geçen illerde adaylarımızın Çerkes halkı tarafından benimsendiğini görmek beni herşeyden çok mutlu ediyor.
Heredot Cevdet, Recep Tayip Erdoğan ve Ahmet Duvutoğlu! - 22/05/2015
Cumhurbaşkanımız Putin'in Ermeni Soykırımını resmen tanıyor olmasına, “Putin'e darıldım!” diyerek karşılık vermişti. Demek ki cidden çok darılmış olacak ki daha kendisine gelememiş.
Gerekeni Gerektiği Zaman Yapmak; Ya da Labedeslerin Kaderi! - 12/05/2015
2015 Genel seçimlerine 25 gün falan kaldı. Bahaneler ve gerçekler arasındaki birçok Çerkes bu seçimde ÇDP’nin bağımsız Çerkes adaylarını mı destekleyecek; yoksa en rasyonal bahanenin arkasına mı saklanacak.
Uzunyayla'nın Son Klasik Kuşağı Hareketleniyor - 01/05/2015
Kendi kişisel kurtuluşunu elde etmekle yetinmeyen, halkına geri dönen bir kuşak bu kuşak. Köy köy gezen, kendi insanına şehirlerde kasabalarda ve ilçelerde ulaşmaya çalışan bu insanlar birlikte başarabilmenin imkanlarını arıyorlar.
Kronik bir Aydın Hastalığı Olarak : Sözlük ve Alfabe -I- - 26/04/2015
Sözlük ve alfabe hazırlamak ve bunun üzerinden kendini gerçekleştirmek Tanzimat döneminden kalma bir aydın saplantısıdır
Boyunun Ölçüsünü Vermekten Korkmak! - 20/04/2015
Orta yere çıkmak, boyunun ölçüsünü vermek ve alınan ölçüyü de bilmek zorunda olduğumuz bir yerdeyiz artık. Yani artık eskisi gibi iktidar ya da muhalefet partisinde es kazara bir iki Çerkes milletvekili var diye bu işten sıyrılmak mümkün değil.
 Devamı
adigebze I-II
Nükte!

KISSADAN HİSSE

-Moğollar Buhara’yı kuşattıklarında, uzun süre şehri teslim alamadılar. Cengiz Han Buhara halkına bir haber gönderdi: Silahlarını bırakıp bize teslim olanlar güven içinde olacaklar, ama bize direnenlere asla eman vermeyeceğiz.

-Müslümanlar İki gurup oldu: Bir gurup; asla teslim olmayalım, ölürsek şehit, kalırsak Gazi olur, Şeref’imizle yaşarız dediler. Öbür gurup ise; kan dökülmesine sebep olmayalım, sulh iyidir, hem silah, hem de sayı olarak onlardan azız, gücümüz onlara yetmez, dediler ve teslim oldular.

-Cengiz Han, silah bırakanlara; teslim olmayanlara karşı bize yardımcı olun, galib geldiğimizde şehrin yönetimini size bırakalım dedi. Böylece İki müslüman gurup savaşmaya başladılar. Moğollar’ın da yardımı ile, teslim olanlar galib geldi. Savaştan sonra Cengiz Han teslim olanların silahlarının alınmasını ve kafalarının kesilmesini emretti. Sonra meşhur sözünü söyledi: “Eğer güvenilir olsalardı, bizim için kardeşleri ile savaşmazlardı. Kardeşlerine bunu yapanlar, yarın da bize yapar.”

 

Site İçi Arama

 

Google Site

 

Üyelik Girişi